Мы тхьэмахуэм Москва блаженнэ Матронэ и ц1эр зезыхьэу Ессэнтӏыгу къалэм щыIэ и члисэм Ессэнтӏыгу члисэ округым и дин лэжьакӏуэхэр uуэныхьхэр ӏуэтэжыным и щэхум щыпэрыхьащ. Благочинием и дин лэжьакӏуэ протоиерей Дмитриенкэ Сергий дин лэжьакӏуэхэм захуигъазэри, хущӏегъуэжыным мыхьэнэшхуэ зэриӏэр ягу къигъэкӏыжащ. Гуэныхьхэр яӏуэтэжа нэужь, щоджэнхэм зэхуэс ирагъэкӏуэкӏащ, благочинием и гъащӏэм ехьэлӏа ӏуэхухэм щытепсэлъыхьащ.