ПАСЭРЕЙ ЧЛИСЭМ И КУПОЛЫЩIЭР

26.02.2026
Просмотры: 498

2026 гъэм мазаем и 20-м КъШР-м и Усть-Джегуты къалэм и Михайловскэ члисэм тхыдэ Iуэху щекIуэкIащ. Члисэр ягъэнэхури купол нэхъыщхьэмрэ жорымрэ фIадзащ. Пасэрей куполыр ягъэувауэ щытащ  ХХ лIэщIыгъуэм икухэм, революцэм и зэманым трахауэ щытам, члисэм илъэс 80-кIэ фIэлъар. Ар жьы зэрыхъуам къыхэкIыу яхъуэжын хуей хъуащ.

 Гъэнэхун къулыкъур иригъэкIуэкIащ щоджэн нэхъыжь Петров Александр. Члисэм а махуэм щызэхуэсащ екIуэлIапIэм кIуэхэр, район администрацэм и лIыкIуэхэр, къэзакъхэр, къалэ школым и еджакIуэхэр.

Зэгъусэ тхьэлъэIу нэужьым куполымрэ жорымрэ члисэм фIадзащ.

 

498
Фотогалерея