«Судьбы христианства в Средней Азии: история и современность» – конференцэр 2024 гъэм фокIадэм и 5-м щызэхэтащ Ташкент епархием и Духовнэ-административнэ центрым и конференц-залым, Ташкентскрэ Узбекистанскрэ я митрополит Викентий и арэзыныгъэкIэ. Зэхуэсыр траухуащ Азие Курыт митрополичье округым и махуэм, фокIадэм и 8-м ягъэлъапIэм. Конференцэм и хьэщIащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, Тыркуменистаным и Патриашэ екIуэлIапIэр пIалъэкIэ зезыгъакIуэр, Бишкекскрэ Къыргъызстанскрэ я щихънагъ Савватий, Душанбинскрэ Таджикитсанскрэ я щихънагъ Павел.
И псалъэм Ташкентскрэ Узбекистанскрэ я митрополит Викентий къыхигъэщащ Азие Курыт митрополичье округыр къызэрыунэхуам тхыдэ мыхьэнэ зэриIэр. Абы хыхьащ епархиеу плIы: Ташкенсткрэ Узбекистанскрэ, Бишкекскрэ Къыргъызстанскрэ, Душанбинскрэ Таджикистанскрэ, Урыс Чристэн Члисэм и екIуэлIапIэхэм я Патриаршэ благочинэу Тыркуменистаным щыIэ митрополит Викентий жиIащ фокIадэм и 8-м округым и Соборым и щихъхэм я фэеплъыр зэрагъэлъапIэр.
ХьэщIэхэм я цIэкIэ къэпсэлъащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, Тыркуменистаным и Патриаршэ екIуэлIапIэхэр пIалъэкIэ зезыгъакIуэр, митрополит Викентийрэ фIэщхъуныгъэ зиIэ чристэнхэмрэ ехъуэхъури, щихънагъ Феофилакт жиIащ:
«Щихъхэм языхэз, щихънагъ Святогорец Паисий жиIэрт Iуэхугъуищым теухуауэ, XXI лIэщIыгъуэм цIыхухэм ялэжьыну гуапагъэм теухуауэ:
Япэр – я фIэщхъуныгъэм гъунэгъухэр хагъэгъуазэу, я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ, махуэ къэс зрихьэлIэхэм. УзэщIакIуэу ущытыныр къызэрыгуэкIкъым, сыту жыпIэмэ ар тыншкъыми.
ЕтIуанэр – члисэ щэхухэм ухэтынырщ. НэхъыжьыфIхэм я гъащIэм дриплъэжмэ, Азие Курыт митрополичье округым и Iэгъуэблагъуэм ди фIэщ мэхъу абыхэм я гъащIэм ягъэнэхъыщхьэр члисэ зэхуэсхэр зэрыарар. Иджы хуэдэ члисэ дахэхэм абы щыгъуэ зэхуэсхэр щекIуэкIыртэкъым, ауэ щыхъукIи члисэ гъащIэр чристэн цIыхум и гъащIэм къыгуэхыпIэ зыхуимыIэт. Евхрастием жыджэру хэтыныр ар. Чристэн гъащIэм и мыхьэнэр – щэхухэм хэтынырщ, ар дызэкъуэзыгъэувэщ. Ар Христос утепсэлъыхьынырщ, узэкъуэзыгъэувэщ.
Ещанэр – гуэныхьхэр Iуэтэжынырщ. Iэмал имыIэу щыткъым зы Iуэху бзаджэ гуэр умылэжьынкIэ, атIэ Тхьэр фIыуэ лъагъуным, абы и пэжым, и псалъэм, узэщIыныгъэм ухуэпэбгъэнырщ. Псом хуэмыдэу ар щынэрылъагъущ ди щIыналъэм, нэгъуэщI лъэпкъхэр, нэгъуэщIыбзэхэмкIэ псалъэхэр, нэгъуэщI щэнхабзэ зиIэхэр дыщигъунэгъум.
ЦIыхухэр зэзышалIэхэр зэпымыууэ къагъуэт. Апхуэдэщ фIэщхъуныгъэр, унагъуэм дызэрыщыпсэур, сабийхэр зэрыдгъасэр, нэхъыжьхэм, егъэджакIуэхэм, зылъэмыкIхэм яхудиIэ бгъэдыхьэкIэр. Абыхэм я жэуапхэм дызэгуегъэхьэ, дызэкъуич нэхърэ».
Митрополит Викентий архиепископ Феофилакт къызэралъхурэ илъэс 50 щрикъум и щIыхькIэ архиерей панагиемрэ жорымрэ тыгъэ хуищIащ.
Доклад конференцэм щызыщIахэм ящыщщ Ташкентскэ Чристэн духовнэ семинарием и студентхэр, Москва и духовнэ академиер къэзыухахэр, Узбекистаным и лIыкIуэхэр.