КъШР-м и Iэтащхьэр щыIащ Черкесск и Никольскэ соборым

09.07.2024
Просмотры: 837

2024 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашидрэ КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и УнафэщI Иванов Александррэ, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт иригъэблагъэри, Черкесск къалэм и Ниольскэ соборым щыIащ, Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэр здэщыIэм.

Пастыр нэхъыщхьэр хьэщIэхэм яхутепсэлъыхьащ теплъэм и тхыдэм, республикэм и Iэтащхьэм фIыщIэ хуищIащ тхьэнапэр республикэм зэрыщыIэм папщIэ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм я шынагъуэншагъэр къызэрызэрагъэпэщым къыхэкIыу.

Апхуэдэу щихънагъым хьэщIэхэм музейм, Члисэм и тхыдэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэм зыщригъэплъыхьащ, республикэм исхэм дзэ Iуэху хэхам щызэрахьа лIыгъэхэр къыщыгъэлъэгъуа пэш щхьэхуэри хыхьэу. Архиепископ Феофилакт къытеувыIащ Николинэ плIанэпэми, дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я дэIэпыкъуэгъуу ягъэхьэзыр хьэпшыпхэм.

«Къэрэшей-Шэрджэсыр зэгурыIуэм, зыщыщ лъэпкъми зэрыт динми емылъытауэ пщIэм и щапхъэу зэрыщытым шэч къытесхьэркъым. Диным и хабзэ дахэхэр дэтхэнэми тпэгъунэгъущ. Ди къэарлыр махуэ къэс нэхъ къарууфIэ, лъэщ хъунырщ ди зэкъуэтыныгъэр зыхуэунэтIар», - щитхащ Темрезов Рашид и телеграмм каналым собор нэужьым.

 

837
Фотогалерея