АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ: «Тхьэр здэщыIэм – лIэныгъэм щышынэ щыIэкъым»

25.06.2024
Просмотры: 1319

2024 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, щоджэн 50-м Пятигорск епархием и Аминистративнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия я пашэу, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ставрополь крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэм, Адыгейм, Краснодар къалэм, Москва Тхьэ елъэIуну къикIа цIыху 1000 Архыз Ищхъэрэм щызэхуэсащ, пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр ягъэлъэпIэн папщIэ.

ФIэщхъуныгъэ зиIэхэр зэгъусэ тхьэлъэIукIэ кIуащ Ильинскэ члисэм щыщIэдзауэ Троицкэ чисэм нэс. Литургием хыхьэу Тхьэ елъэIуащ лажьэншэу яукIа щоджэн нэхъыжь Николайрэ Михаилрэ папщIэ, Дагъыстэным террористхэм щаукIахэм.

«Тхьэм сыт щыгъуи гъащIэм дыхущIэкъуну дыкъигъэщIащ. Тхьэр сыт щыгъуи лIэныгъэм пэщIэтщ. Тхьэр здэщыIэм сыт щыгъуи нэхугъэр кIыфIыгъэм щыпэщIэтщ... Тхьэр здэщыIэм – лIэныгъэ щыIэкъым», - ягу къигъэкIыжащ фIэщхъуныгъэ зиIэхэм архиепископ Феофилакт.

Пастыр нэхъыщхьэм фIыщIэ хуищIащ Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид, зыхъумэжыныгъэмкIэ органым, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм мамырыгъэр хъумэным, цIыхухэм, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуа хьэщIэхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным зэрыхуэлажьэм папщIэ.

 

 

 

1319
Фотогалерея