ЕПАРХИем и щоджэнхэр хэтащ фэеплъ пэкIухэм

22.06.2024
Просмотры: 373

2024 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м, Минводы къалэм щоджэнхэм я гъусэу Тхьэ щелъэIуащ «Вечная слава» фэеплъым деж. Шэху уэздыгъэхэр щыщIагъэнащ, удз гъэгъахэр тралъхьащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым.

Черкесск и щоджэнхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ фэеплъым деж кIуащ, къалэм и хъумакIуэхэр ягу къагъэкIыжын папщIэ. ХэкIуэда зауэлIхэм, къалэ Паркым и къуэшыкхъэм щыщIалъхьэжахэм  папщIэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ соборым и ключарь щоджэн нэхъыжь Кузнецов Сергий, щоджэн Гурин Александр. ТхьэлъэIу нэужьым щоджэнхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.

 

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щызэхэтащ гъэ къэс къыщызэрагъэпэщ «Шэху уэздыгъэ» Iуэхур. Абы хэтащ Пятигорск епархием Налшык щиIэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин. Абы хыхьэу тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ.

 

373
Фотогалерея