ЕССЭНТIЫГУ КЪАЛЭМ ЩАГЪЭНЭХУАЩ КЪЕГЪЭЛАКIУЭ ХРИСТОС И СКУЛЬПТУРЭ ТЕПЛЪЭР

27.05.2024
Просмотры: 960

2024 гъэ накъыгъэм и 26-м ЕссэнтIыгу къалэм и Петропавловскэ члисэ комплексыр илъэс 25-рэ щрикъум, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт игъэнэхуащ КъегъэлакIуэ Христос и скульптурэ теплъэ метритI зи лъагагъыр. Члисэ цIыкIум и щхьэм щагъэува теплъэр Урысейм щынэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Махуэшхуэ тхьэлъэIум щызэхуэсащ щоджэнхэр, къалэм щыпсэухэр, зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр.

Щихънагъым зэхуэса хтьэщIэхэм захуигъэзащ: «Нобэ къалэм и мызакъуэу Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым щыпсэухэм папщIэ Iуэху щхьэпэ дощIэ. Илъэс 25-кIэ узэIэбэкIыжмэ апостол пэлъытэ Петррэ Павелрэ я цIэр зезыхьэ члисэ ухуэныгъэр ирагъэжьауэ щытащ. Иерусалим цIыкIу щаухуам хуэдэу а щIыпIэр ефIэкIуащ фIэщхъуныгъэ зиIэхэм я фIыгъэкIэ».

Пастыр нэхъыщхьэм фIыщIэ хуищIащ псапащIэ Павелрэ абы и дэIэпыкъуэгъухэмрэ ухуэныгъэм папщIэ, туристхэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ щелъэIунухэмрэ щIыналъэм къызэрашэм папщIэ.

Махуэшхуэм хыхьэу жыгыщIэхэр ягъэтIысащ, Пятигорск епархием и екIуэлIапIэхэмрэ къулъшырыфхэмрэ яшахэр. Архиепископ Феофилакт жыгыщIэхэр игъэтIысащ ЕссэнтIыгу къалэм и Iэтащхьэ Крутников Владимир и гъусэу.

ЕкIуэлIапIэм кIуэхэмрэ щIыналъэм Тхьэ щелъэIухэмрэ папщIэ Москва и Синод хорым концерт итащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист Пузаков Алексей зэригъакIуэм. Абыхэм япэу Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым зыкъыщагъэлъэгъуащ «Свет Христосв» фестивалым, щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президент фондыр и дэIэпыкъуэгъуу.

 

 

960
Фотогалерея