АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ КЪУЛЫКЪУ ДИЩIАЩ ПАТРИАРХ КИРИЛЛ

25.05.2024
Просмотры: 906

2024 гъэм накъыгъэм и 24-м, апостол пэлъытэ Кириллрэ Мефодийрэ я фэеплъ махуэм, Словенскэ егъэджакIуэхэм, Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Москва КъегъэлакIуэ Христос и цIэр зезыхьэ кафедральнэ соборым. А махуэм ягъэлъапIэ славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэр.

КъегъэлакIуэ Христос и цIэр зезыхьэ члисэм кIуа нэужь Патриарх Кирилл и щхьэр хуигъэщхъащ Тхьэм и Анэм и Тихвинскэ тхьэнапэм, члисэм и кум щыгъувам. Накъыгъэм и 21-м, теплъэр Москва яшащ Тихвинскэ Богородничнэ Успенскэ цIыхухъу къулъшырыфым ирашри.

Урыс Чристэн Члисэм и иерарххэм я соборым щихънагъым къулыкъу щыдищIащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.

ТхьэлъэIум хэтащ Чристэн Члисэхэм я лIыкIуэхэр, Москва и благочиннэхэмрэ щоджэнхэмрэ. Къулыкъу зыщIахэм яхэтащ ставропигиальнэ цIыхухъу къулъшырыфхэм щыщхэр. Члисэм щыIащ унафэ къыдэзыгъэкIхэр, зыгъэзащIэхэр.

«Союз», «Спас» телеканалхэмкIэ,Урыс Чристэн Члисэм и сайтым Патриаршэ тхьэлъэIур къитащ.

Литургие нэужьым пастыр нэхъыщхьэхэмрэ щоджэнхэмрэ апостол пэлъытэ Кириллрэ Мефодийрэ ягъэлъэпIащ. Щихънагъыр Словенскэ егъэджакIуэхэм папщIэ Тхьэ елъэIуащ. Патриарх Кирилл гъащIэ кIыхь хъуну ехъуэхъуащ.

Архиепископ Феофилакт ехъуэхъуащ щихънагъым икIи Кавказым и щоджэнхэмрэ Тыркуменистаным, Азербайджаным екIуэлIапIэхэм кIуэхэмрэ къабгъэдэкIыуу ехъуэхъуащ.

 

906
Фотогалерея