АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ Баку щригъэкIуэкIащ IутIыж зэхыхьэр

20.05.2024
Просмотры: 622

2024 гъэм накъыгъэм и 19-м, IутIыжым и ещанэ тхьэмахуэм, члисэм егъэлъапIэ КъегъэлакIуэ Христос лIахэм къазэрыхэтэджыкIыжам теухуа хъыбар гуапэр къэзыхьа бзылъхугъэхэр. IутIыж зэхыхьэр а махуэм Баку щрагъэкIуэкIащ кафедральнэ соборым. Ар къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэси 115-рэ ирокъу.

Махуэшхуэ тхьэлъэIур кафедральнэ соборым щригъэкIуэкIащ Бакинскэ, Азербайджанскэ епархиер пIалъэкIэ зезыгъакIуэ, Пятигорск, Черкесск епархием и архиепископ Феофилакт. ТхьэлъэIу литургием хыхьэу щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ епархием и члисэм и унафэщIхэм, соборым и клирикхэм, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Хабзэ зэрыхъуауэ щоджэнхэмрэ фIэщхъуныгъэ зиIэхэмрэ зэгъусэ тхьэлъэIур члисэм щрагъэкIуэкIащ. Ар и кIэм щынэблагъэм, архиепископ Феофилакт махуэшхуэм хэтхэм захуигъэзащ пастыр нэхъыщхьэм и псалъэкIэ. ИужькIэ соборым щагъэхьэщIащ тхьэлъэIум хэтахэр.

***

Бакинскэ епархием и члисэ нэхъыщхьэр 1909 гъэм 262-нэ пехотнэ дзэ члисэм и щапхъэм тету архитектор Ф. М. Вержбицкий ищIащ  Сальянскэ полкым папщIэ, Баку а илъэсхэм щызэбграгъэкIыжам. Совет зэманым члисэр япэу зэхуащIыжахэм ящыщщ 1920 гъэм. 1991 гъэм ар Урыс Чристэн Члисэм иратыжащ. 2001 гъэм зэрагъэпэщыжри Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Алексий II-м игъэнэхуащ. Члисэм Бакинскэ епархием и кафедральнэ собор статусыр иратащ.

 

 

622
Фотогалерея