КъШР-м и РЕСПУБЛИКэ сымаджэщым члисэр щагъэнэхуащ икIи мэжджытыр къыщызэIуахащ

08.03.2024
Просмотры: 964

КъШР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я сайтым къызэрыщыхьамкIэ, 2024 гъэм гъатхэпэм и 7-м, Черкесск къалэм «Къэрэшей-Шэрджэсым и республикэ сымаджэщ» ГБ ЛПУ-м къыщызэIуахащ мэжджытрэ члисэрэ. Абы хэтащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и УнафэщI Иванов Александр, УФ-м и Сенатор Салпагаров Ахъмэт, УФ-м и Къэрал думэм и Депутат Узденов Солтан, КъШР-м и Правитеьствэм и УнафэщI Аргунов Мурат, Кавказ Ищхъэрэм ис муслъымэнхэм я ЗэзыгъэуIу советымрэ КъШР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэмрэ я унафэщIхэр, КъШР-м и муфтий Бердиев Исмэхьил-хьэжы, КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым (Парламентым) и депутатхэр, КъШР-м и Правительствэм щыщхэр, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр, республикэм и къалэ округхэмрэ муниципальнэ щIыналъэхэмрэ я Iэтащхьэхэр, Абу Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Шэрджэс Ислъам институтым и студентхэр, Къэрэшей-Шэрджэсым и хьэщIэхэмрэ абы щыпсэухэмрэ.

Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид зыхуигъэзащ КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и УнафэщI Иванов Александр. Абы жиIащ ар зэкъуэтыныгъэм, лъапIэныгъэхэм я нэщэнэу зэрыщытыр.

КъШР-м и муфтий Бердиев Исмэхьил-хьэжы къыхигъэщащ къэралым и мамырыгъэмрэ зэгурыIуэмрэ Урысейм и Президент Путин Владимир и Iущыгъэу зэрыщытыр,  щIыналъэм мамырыгъэмрэ зэгурыIуэмрэ илъщ илъэс зыбжанэ хъуауэ Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид и фIыгъэкIэ.

«Нобэрей зэхыхьэр и щыхьэтщ зы лъэпкъыу къалэм, республикэм дызэрисым. Члисэмрэ мэжджытымрэ я ухуэныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэм фIыщIэ фхуэфащэщ», - жиIащ Пятигорск, Черкесск щIынаалъэхэм я архиепископ Феофилакт. Абы члисэр Тхьэм и Анэм и «Ценительница» тхьэнапэм и цIэкIэ игъэнэхуащ икIи щоджэн нэхъыщхьэм и щIыхь тхылъыр иритащ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Темрезов Бориспирэ члисэ ухуэныгъэм и унафэщI Смородинэ Сергейрэ.

Правительствэм и УнафэщI Аргунов Мурат зэхуэсахэм ехъуэхъуащ икIи абы и мыхьэнэр зэрыиныр жиIащ.

***

Къэрэшей-Шэрджэсым и сымаджэщыр 1922 гъэм къызэIуахащ. Абы амбулаторнэ-поликлиникэ, стационарнэ дэIэпыкъуныгъэхэр щыхуащIэ, цIыху мин 13-м щIигъум илъэсым щыдоIэпыкъу икIи цIыху 1000-м нэблагъэ щолажьэ.

964
Фотогалерея