АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ ДАМЫГЪЭ ЛЪАПIЭР ИРИТАЩ УРЫС ЧРИСТЭН ЧЛИСЭМ

28.02.2024
Просмотры: 1017

2024 гъэм мазаем и 27-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Iуэху гуапэ ищIащ.

Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и арэзыныгъэкIэ Пастыр нэхъыщхьэм Кавказ Ищхъэрм и муслъымэнхэм я ЗэзыгъэуIу центрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсым и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэмрэ я унафэщI, Урысейм и Президентым дин зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ и советым хэт Бердиев Исмэхьил-хьэжы Урыс Чристэн Члисэм и пщIэмрэ щIыхьымрэ и орденым и III нагъыщэр иритащ.

Члисэ дамыгъэ лъапIэр абы хуагъэфэщащ Урысейм и дин лъэпкъ зэхущытыкIэхэм теухуа и лэжьыгъэхэмрэ и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъумрэ папщIэ.

«СэркIэ икIи махуэшхуэщ – си ныбжьэгъу нэхъыжьым и юбилейщ. Фи зэфIэкIхэр къэзылъытэхэм ящыщщ Патриарх ЛъапIэ Кирилл. Урыс Члисэм и Iэтащхьэм елъытэ кавказ зэныбжьэгъугъэр, фи псалъэр зэрывгъэпэжыр, фызэрыхуэ щытыкIэми емылъытауэ. Патриарх ЛъапIэм и хъуэхъухэм ящыщщ Кавказ Ищхъэрэм и щоджэнхэм я хъуэхъухэр», - жиIащ Щихънагъым.

 

1017
Фотогалерея