КЪЭРЭШЕЙ-ШЭРДЖЭСЫМ ЩЕКIУЭКIАЩ «КРЕПКАЯ СЕМЬЯ – ОСНОВА ЗДОРОВОГО ОБЩЕСТВА» ЗЭХЫХЬЭР

28.02.2024
Просмотры: 689

2024 гъэм мазаем и 27-м Черкесск щекIуэкIащ «Крепкая семья - основа здорового общества» зэхыхьэр. Ар теухуауэ щытащ Урысейм и Президент Путин Владимир игъэува унагъуэм и илъэсым.

Зэхыхьэм хэтащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, Урысей Федерацэм и Президентым и Управленэм дин IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и департаментым и унафэщI Еремин Евгений, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и дэIэпыкъуэгъу Валиев Айдэмир, Кавказ Ищхъэрэм и муслъымэнхэм я ЗэзыгъэуIу центрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсым и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэмрэ я унафэщI, Урысейм и Президентым дин зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ и советым хэт Бердиев Исмэхьил-хьэжы, Кавказ Ищхъэрэм и къэрал, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, КШР-м и Правительствэм, и Iэтащхьэм я Администрацэм, щIыналъэ Правительствэм щыщхэр, къалэ, район администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.

Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид и цIэкIэ зэхыхьэм хэтхэм фIэхъус ярихащ КъШР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Чеккуев Хъызыр.

Урысей Федерацэм и Президентым и Управленэм дин IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и департаментым и унафэщI Еремин Евгений къыхигъэщащ унагъуэм и лъапIэныгъэхэр хъумэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.

Унагъуэ быдэ бухуэн папщIэ Инджыл лъапIэныгъэхэм я мыхьэнэм къытеувыIащ архиепископ Феофилакт.

Зэхыхьэм хэтхэр тепсэлъыхьащ унагъуэм и лъапIэныгъэхэр хъумэным. Псом хуэмыдэу дин лэжьакIуэхэм абы хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIыр къыхагъэщащ. Унагъуэм и лъапIэныгъэхэр зи лъабжьэ докладхэр ящIащ. Къэралым унагъуэр хъумэным, анагъэм, сабиигъуэм, щIэблэм я гъэсэныгъэм хуищI гулъытэм тепсэлъыхьащ.

Пастыр нэхъыщхьэр дин лэжьакIуэхэм епсэлъащ, щIэныгъэлIхэр хыхьэу. Апхуэдэу Еремин Евгений IущIащ. Щихънагъым лъэныкъуэхэр дин IуэхукIэ зэрызэдэлэжьэнум и гугъу ищIащ.

 

689
Фотогалерея