2024 гъэм мазаем и 23-м, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Харлампий и фэеплъым, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча щихъым и цIэр зезыхьэ члисэ Порт-Артур щыIэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Минераловодскэ члисэ округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексийрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ.
ТхьэлъэIум и пэ къихуэу Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александррэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Бондарчук Андрейрэ члисэм яхьащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Харлампий и теплъэр, и къарум щыщ Iыхьэхэр щIыгъуу. Тхьэнапэр 1801 гъэ лъандэрэ Черкесск щахъумэ, архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ Порт-Артур гъэ къэс яхь. Апхуэдэу литургием и пэ къихуэу щоджэн нэхъыщхьэм тхьэнапэмрэ тыхь щIапIэм и члисэ хьэпшыпхэмрэ щигъэнэхуащ.
Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ члисэм и ктитор Шахбазов Одиссей. Къуажэм дэсхэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэмрэ, гъунэгъу къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къикIахэр. Литургие нэужьым Щихънагъым Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Харлампий игъэлъэпIащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ИужькIэ архиепископ Феофилакт Одиссей иритащ щоджэн нэхъыщхьэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъыр.