Архиепископ Феофилакт: «Ди щэнхабзэр тхъумэжын хуейщ»

16.12.2023
Просмотры: 1320

2023 гъэм дыгъэгъазэм и 15-мЧеркесск щекIуэкIащ Хъуромэ Парламент зэIущIэ, хабзэ зэрыхъуауэ, «Религия и отечественная культура: потери и приобретения минувшего, образ будущего»XXXII Хъуромэ егъэджэныгъэ къеджэныгъэхэм я щIыналъэ Iыхьэ хъуар.

ЗэIущIэм хэтащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым (Парламентым) и УнафэщI Иванов Александр, депутатхэр, министерствэхэм, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, жылагъуэр, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр. ЗэIущIэр къыщызэIуихым Иванов Александр къыхигъэщащ щэнхабзэр гъэувыным и IуэхукIэ диным иIэ мыхьэнэр. Архиепископ Феоилакт депутатхэм фIыщIэ яхуищIащ зэIущIэхэм папщIэ, жылагъуэ гъащIэм и Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьыну Iэмал зэраIэр къыхигъэщу. Тхыдэр къитхыкIыжыным, щIалэгъуалэм щэнхабзэр къызэрамылъытэм шынагъуэ къызэрихьыр. «Ди щэнхабзэр дэ езым дыухуэжын хуейщ», - къыхуриджащ Пастыр нэхъыщхьэм.

Зэхуэсым хэтащ КъШР-м и муфтийм и унафэщIым и къуэдзэ Лайпанов Муратбий-хьэжы, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ и министр Агъырбэ Зураб. ЗIущIэм хыхьэу Iэ традзащ Пятигорск епархиемрэ республикэм и Жылагъуэ палатэмрэ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ Министерствэмрэ я зэгурыIуэныгъэм. Архиепископ Феофилакт фIыщIэ хуищIащ Жылагъуэ палатэм и унафэщI Ляшовэ Еленэрэ егъэджэныгъэмкIэ министр Кравченкэ Иннэрэ, чристэн зэгухьэныгъэхэм зэрадэлажьэм папщIэ. Апхуэдэу Пастыр нэхъыщхьэм КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым (Парламентым) и депутатхэу Резниковэ Инессэрэ Власенкэ Натальерэ щIыхь тхылъхэр яритащ.

 

 

 

 

1320
Фотогалерея