Архиепископ Феофилакт: «Жылагъуэм я къэкIуэнум цIыху гъэсэныгъэмкIэ нэхъыщхьэр фIэщхъуныгъэмрэ щэнхабзэмрэщ»

18.11.2023
Просмотры: 1845

2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 17-м Лермонтов къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ 
епархием и «Православие и отечественная культура: потери и приобретения 
минувшего, образ будущего» Хъуромэ къеджэныгъэхэм я XIII зэIущIэр. Зэхуэсым 
хэтащ члисэ округхэм я благочиннэхэр, епархием и къудамэхэм я унафэщIхэр, 
егъэджэныгъэмкIэ органхэм я унафэщIхэр, тхьэмахуэ школхэмрэ курыт 
школхэмрэ я унафэщIхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ 
Пленарнэ зэIущIэр фIэхъусрэ докладкIэ къызэIухащ Пятигорск, Черкесск 
епархием и архиепископ Феофилакт. «Чристэн диным щэнхабзэм щиIэ увыпIэр 
къэлъытэгъуейщ. Инджылым къыщыхьахэр, урыс щэнхабзэм и лъабжьэ хъуахэм 
я фIыгъэкIэ щэнхабзэ зэхуэмыдэхэм, дин щхьэхуэхэм итхэр мамыру зэдопсэу. 
Жылагъуэм цIыху гъэсэныгъэмкIэ къэкIуэнум щинэхъыщхьэн хуейр 
фIэщхъуныгъэмрэ щэнхабзэмрэщ. Мыбдеж дэращ зэлъытэжар а фIэщхъуныгъэр 
зыхуэдэнумрэ щэнхабзэ лъапIэныгъэхэмрэ. Инджыл лъапIэныгъэхэмрэ 
щэнхабзэ зыужьыныгъэмрэ а зыужьыныгъэр ди жылагъуэм зэрыхуэщхьэпэнур 
си фIэщ мэхъу», - жиIащ Щихънагъым.
КъыкIэлъыкIуэу ягъэлъэпIащ «За нравственный подвиг учителя», 
«Лучший учитель Основ православной культуры», «Красота Божьего мира» 
зэпеуэхэм щытекIуахэр. 
Къеджэныгъэхэм я нэхъыщхьэ хъуащ тхакIуэ, литературоед, критик, 
филологие щIэныгъэхэм я доктор Водолазкин Евгений зэрепсэлъар. 
Къеджэныгъэм хэтхэр абы иригъэблэгъащ и лабораторэм урыс литературэм 
теухуа и Iуэху еплъыкIэхэм. «Литературэр узэщIыныгъэу щытыфынукъым, 
дунейм и къекIуэкIыкIэр къыщыгъэлъэгъуащи. Абы упщIэ нэхъыбэ егъэув, 
жэуапхэм нэхърэ. А упщIэхэм тхылъеджэм езым жэуап иритын хуейщ. 
Литературэр сыт щыгъуи Тхьэм и тыгъэщ», - жиIащ тхакIуэм. Зэхуэсахэм я 
упщIэхэм жэуап щритым, Евгений «Лавр» романыр зэратхам теухуахэмкIэ 
ядэгуэшащ. 
Ставропольем, КъБР-м, КъШР-м, Ставрополь, Георгиевскэ епархиехэм 
егъэджэныгъэмкIэ и министерствэхэм я лIыкIуэхэм фIэхъус яхащ. 
«Цветные сны» гупым къеджэныгъэм хэтхэм хъуромэ теплъэгъуэ 
яригъэлъэгъуащ. 

 

1845
Фотогалерея