Щоджэнхэр хэтащ къэзакъ шы зекIуэм

22.09.2023
Просмотры: 1734

2023 гъэм фокIадэм и 15-17-хэм Тэрч щыщ къэзакъ шууей 40 я атаман Синицин 
Александр я пашэу, щоджэнхэу Капарулин Константинрэ щоджэн Федюнин Дионисийрэ я 
гъусэу махуищкIэ шууей зекIуэ щыIащ. Ар траухуащ Тэрч къэзакъ зэгухьэныгъэм и 
атаману щыта Бондарев Василий и фэеплъымрэ Кировскэ округым и Коммаяк къуажэм 
щыщ къэзакъ, хэку зауэшхуэм жыджэру хэта Погореловэ Юлэ къызэралъхурэ илъэси 100 
зэрырикъумрэ. Дон къэзакъыдзэм и етхуанэ гвардие кавалер корпусым хэту ар Ставрополь 
щыщIэдзауэ Австрием нэс кIуащ.
Хабзэ зэрыхъуауэ, зекIуэр зэгъусэ тхьэлъэIукIэ ирагъэжьащ. Солдато-
Александровскэ къуажэм мэремым икIри КоммаяккIэ яунэтIащ. КъыкIэлъхыкIуэу ахэр 
Горькая Балка къуажэм кIуащ. Абы къэзакъхэм жэщыр щагъэкIуащ. 
Щэбэтым шууей 40 хъу гупыр Зеленокумск кIуащ, километри 100 хагъэщIри. 
Къалэм и къэзакъ зэгухьэныгъэм и губгъуэм къэзакъхэр къыщыIущIащ, округым и 
Iэтащхьэ Гультев Сергей, Воронцово-Александровскэ районым и къэзакъ зэгухьэныгъэм и 
атаман Деревянкэ Николай, Тэрч округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Квитченкэ 
Роман, щIыналъэм исхэр. 
ЗэIущIэрэ фIыщIэ тхьэлъэIурэ зэхэтащ щоджэнхэм къызэрагъэпэщри. 
Ставропольем и къэзакъихым я зэфIэкIхэр къагъэлъэгъуащ. Солдато-Александровскэ деж 
щызэхуащIыжащ зекIуэр.

1734
Фотогалерея