«Кавказ – территория Неба» тхылъыр къыдэкIащ

30.05.2023
Просмотры: 1781

Псыхуабэ епархием и «Кавказский Паломник» IуэхущIапIэм и унафэщI, журналист Логвиненкэ Ларисэ и лэжьыгъэр теухуащ Кавказым и къулъшырыфхэм, члисэхэм. Дэтхэнэ зы лэжьыгъэми тхыдэ тхыгъэ щIыгъужащ. Ар гъуэгугъэлъагъуэкъым, атIэ эссещ, зыплъыхьакIуэм и гупсысэхэрщ, Кавказым и щIыпIэ лъапIэхэм щилъэгъуахэрщ.

- Илъэс зыбжанэ ипэкIэ, - щыжеIэ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт  интервьюм, - Кавказ купелым лъэпкъ куэд зэкъуигъэуващ. Ар щыболъагъу я хабзэхэм, бзыпхъэхэм (Кавказ хабзэхэм). Чристэн хьэл-щэнхэр абыхэм зэщIашащ – хьэлэлагъэр, зэныбжьэгъугъэр, хьэщIэ егъэблэгъэныр, гъунэгъум зэрыхущытыр, нэхъыжьым пщIэ зэрыхуащIыр...

ЩIыуэпсым и дахагъэр, пасэрей лъапIэныгъэхэр, Урысейр умэхъын ящIын и пэ къихуэу яухуахэр, Кавказым исхэм я хьэщIагъэр, зыплъыхьакIуэ къакIуэ псоми яфIэгъэщIэгъуэнт. Я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэну къэкIуа куэдым фIэщхъуныгъи къыщагъуэт мыбы.

- Щихънагъ – щIоупщIэ тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIар, - зэгуэрым члисэм нэхъапэкIэ ди щIыпIэм щымыIа цIыхухэр щыщIэупщIащ Кавказым щащIэнымкIэ. 

- Уафэм еплъынущ. Уафэр бгыхэм хуэдэу нэгъуэщI щIыпIэ апхуэдэу щынэрылъагъукъым. Бгым ущыдэкIкIэ улъатэу къыпщохъу... КъищынэмыщIауэ, ар ныбжьэгъур зэрыбгъэнэхущ. Абдеж ущызэфIэнэну шынагъуэщ. АтIэ зыр зым ущыдэIэпыкъуу, узэрыIыгъыу аращ...

КъыжыIапхъэщ, «Кавказский Паломник» маршрутхэм ящыщ зым апхуэдэу зэреджэри: "Кавказ – территория неба". ЗыплъыхьакIуэ щыкIуэкIэ, хьэщIэхэр Тхьэм щолъэIу пасэрей Ильинскэ члисэм, бгым докI, гуэлхэмрэ псыкъелъэхэмрэ къызэранэкIыу. Нэхъыщхьэращи, куэдыр ныбжьэгъу зэрогъэхъу, зекIуэ нэужьым иджыри зэкIэлъокIуэ, зопсалъэ. Кавказырщ ахэр зэкъуэзыгъэувар.

«Кавказ – территория Неба» тхылъыр яхуэгъэзащ Кавказым и Минводы, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым я чристэн лъапIэныгъэхэм дихьэххэм.

1781
Фотогалерея