Черкесск щагъэлъэпIащ славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэр

27.05.2023
Просмотры: 1588

  2023 гъэм накъыгъэм и 24-м, славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэм, Черкесск къалэм щекIуэкIащ апостол пэлъытэхэу Кириллрэ Мефодийрэ я тхьэлъэIу. Къалэм и члисэхэм я щоджэнхэм щихъ узэщIакIуэхэм я фэеплъым деж тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ къалэм и утым деж. Щоджэнхэр, къэзакъхэр, екIуэлIапIэм кIуэхэр зэгъусэ тхьэлъэIукIэ кIуащ Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам щыщIэдзауэ фэеплъым нэс. ТхьэлъэIу нэужьым зэхуэсахэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ Псыхуабэ епархием и Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр. 

Къызэхуэсахэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ Къэрэшей-Шэрджэсым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Кравченкэ Иннэ. КъШР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымкIэ и министр Гузко Сергей ехъуэхъуащ тхьэлъэIум хэтхэм. ИужькIэ зэхуэсахэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ Къэрэшей-Шэрджэс педколледж Хабеков Умар и цIэр зезыхьэм и студентхэр. 

А махуэ дыдэм Черкесск къалэм и Покров члисэм и библиотекэм зэIущIэ щекIуэкIащ члисэр илъэси 180-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ. УнафэщIыр къытеувыIащ Покров члисэм тхыдэмкIэ и къэхутэныгъэ илъэситхукIэ иригъэкIуэкIам кърикIуахэмкIэ. 2023 гъэм къагъуэтащ станицэм и щоджэн псоми я гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуахэр, 1825 гъэм Баталпашинскэр щаухуам щыщIэдзауэ, екIуэлIапIэм жыджэру кIуэхэм я унэцIэхэр щIыгъуу.Щоджэныр ядэгуэшащ иджыблагъэ къигъуэта тхыдэ сурэтхэмкIэ. КъищынэмыщIауэ, екIуэлIапIэм и сайтыр, тхыдэ уэрамхэм я цIэхэр зытет табличкэхэр, Покров члисэр зытетыр утыку ирахьащ. Ар игъэхьэзыращ «Царьград» зэгухьэныгъэм и унафэщI Струговцев Денис.

1588
Фотогалерея