Архиепископ Феофилакт япэ литургиер щригъэкIуэкIащ Минводы къалэм и Борисоглебскэ члисэм

16.05.2023
Просмотры: 2002

 2023 гъэм накъыгъэм и 15-м, джыназхэу Борисрэ Глебрэ я къарум щыщ Iыхьэхэр 
щагъэIэпхъуам, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт япэ 
тхьэлъэIу литургиер Минводы къалэм и Борисоглебскэ члисэм щрагъэкIуэкIащ. Щоджэн 
нэхъыщхьэм и гъусэу къулыкъур ирагъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и Минерловодскэ 
округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексийрэ къардэн 
нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ 
Минводы къалэм и члисэхэм екIуалIэхэр. Литургие нэужьым Щихънагъым члисэм 
екIуалIэхэр игъэлъэпIащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. 
Махуэшхуэр щиухым япэ тхьэлъэIум хэтахэм зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.

 

2002
Фотогалерея