2023 гъэм гъатхэпэм и 5-м илъэсипщI ирикъуащ Псыхуабэ епархием
уэндэгъухэмрэ бзылъхугъэхэмрэ щадэIэпыкъу «Анэхэм папщIэ унэ» кризис центрыр
ЕссэнтIыгу къызэрыщызэIуахрэ. А илъэсхэм сабий зиIэ анэхэм я хуитыныгъэр
яхъумэнымкIэ, юрист, психологие дэIэпыкъуныгъэхэр щыхуащIэнымкIэ сэбэп щахуохъу,
я социальнэ, мылъку щытыкIэхэр щрагъэфIакIуэ. Зыщыщ лъэпкъми, зэрыт динми
емылъытауэ дэтхэнэ зыми абы щыдоIэпыкъу.
ИлъэсипщIым къриубыдэу «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм зыхуагъэзащ
унагъуэ 3000-м щIигъум. Мазэ къэс доIэпыкъу ани 150-м. Унагъуэ 600 центрым и нэIэм
щIэтщ. Зы илъэсым къриубыдэу абы и нэIэм щIэт бзылъхугъэхэм сабий 50-м нэблагъэ
къащIохъуэ. Анэхэм зыхуеинухэмкIэ щыдоIэпыкъу, чэнджэщхэр щрат.
ПIалъэкIэ абы цIыхубз 64-рэ, сабий 76-рэ щыIащ. Сабий цIынэ 16-м я япэ мазэхэр
абы щагъэкIуащ. «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм и юбилейр ягъэлъэпIащ «Торжество
православия» махуэшхуэм и гъусэу. Абы зыкъригъэхьэлIащ Псыхуабэ, Черкесск
щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт. 2013 гъэм абы кризис центрым къалэ-
зыгъэпсэхупIэм щыIэ и хэIщапIэр тыгъэ хуищIат.
Щихънагъыр центрым и унафэщI Рубец Ларисэ, «Анэхэм папщIэ унэ»
IуэхущIаIпэм и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ къызэрызэIуахрэ илъэсипщI зэрырикъумкIэ
икIи псапащIэхэм фIыщIэ тхылъхэр яритащ.