Епархием и архитектурно-ухуэныгъэ комиссэм Покров члисэр кхъахэу къилъытащ

30.11.2022
Просмотры: 2025

Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ 
Псыхуабэ епархием и архитектурно-ухуэныгъэ комиссэр Прохладнэ къалэм кIуащ 
революцэ зэманым зэхуащIыу нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм папщIэ къагъэсэбэпыу щыта Покров 
члисэм. Ухуэныгъэм щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэ мыхьэнэ иIэщ. 
Комиссэм и къалэн нэхъыщхьэу щытащ ухуэныгъэм и щытыкIэр къэхутэныр икIи 
ар къызэрыбгъэсэбэп хъуным теухуа чэнджэщхэр тыныр. КIэлъыплъа нэужь къахутащ 
языныкъуэ пэшхэм мафIэс къызэрыщыхъуар, унащхьэр зэрыжьыр, блыныр зэрычар. Бжэ-
щхьэгъубжэхэри жьы хъуащ. Ухуэныгъэр кхъахэу къалъытащ. 
Комиссэм хэтащ епархием ухуэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь 
Бондарчук Андрей, Налшык округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин, 
Прохладнэ къалэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн Калинин Евгений, епархием и 
архитектор икIи хъумакIуэ Чечин Олег.

 

2025
Фотогалерея