Кисловодск гимназием и гъэсэнхэр ехъуэхъуащ егъэджакIуэхэм

12.10.2022
Просмотры: 1829

Кисловодск къалэм и Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием 
ЕгъэджакIуэхэм я махуэм ирихьэлIэу махуэшхуэ къызэрагъэпэщащ. 
ЕджакIуэхэм пщэдджыжьым щIадзэри егъэджакIуэхэм ехъуэхъуащ, удз гъэгъахэр 
иратащ. Дерс нэужьым концерт программэ ятащ, гимназием и гъэсэнхэм я егъэджакIуэхэм 
хуагъэхьэзырар. 
Махуэшхуэр къыщызэIуихым, гимназием и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский 
Иоанн гимназиер къызэзыгъэпэща Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ 
Феофилакт фIыщIэ хуищIащ. 
Члисэ уэрэдхэр жыIэнымкIэ егъэджакIуэ Игнатенкэ Еленэ и нэIэм щIэту пэщIэдзэ 
классхэм я еджакIуэхэм зыкъагъэлъэгъуащ. 
Псалъэ гуапэ куэд егъэджакIуэхэм хужаIащ. Гимназием и унафэщI щоджэн 
нэхъыжь Знаменский Иоанни еджакIуэхэм ехъуэхъуащ. 
Гимназием и унафэщIым классщIыб лэжьыгъэхэмкIэ и къуэдзэ Синявская Татьянэ 
и нэIэм щIэту ягъэхьэзыращ программэ щIэщыгъуэ. ЕгъэджакIуэхэм я махуэр траухуащ 
спорт ут школ пщIантIэм къыщызэIухыным, капитальнэу ар зэрагъэпэщыжа нэужь. Иджы 
ныбжьыщIэхэм волейбол джэгуну Iэмал яIэщ. 

 

1829
Фотогалерея