2022 гъэм фокIадэм и 17-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ
Феофилакт 2022 гъэм фокIадэм и 17-м ЕссэнтIыгу къалэм и Петропавловскэ члисэм
щыIущIащ «Лучший учитель родного языка и родной литературы» урысейпсо
зэпеуэм и кIэух Iыхьэм хэтахэм. Урысей Федерацэм лъэпкъыбзэхэмкIэ и
Федеральнэ институтым
щыщ къызэгъэпэщакIуэхэм махуиплIым къриубыдэу къэралым и плIанэпэ 70-м
щыщхэр зэхуашэсащ. IуэхущIапIэм зыщиплъыхьа нэужь Щихънагъыр
егъэджакIуэхэм епсэлъащ. «Ди члисэхэм урысыбзэщ псори зэрыщыпсалъэр, ауэ
езым я анэдэлъхубзэр къыхагъэщу. Ар дэркIэ лъапIэщ. Ар и щыхьэтщ
лъэпкъыбзэр зэрыпсэум, и щэнхабзэр яхъумэу, - жиIащ архиепископ
Феофилакт. Апхуэдэу Пастыр нэхъыщхьэр къытеувыIащ адыгэбзэ тхьэ
елъэIукIэр зэрагъэхьэзырым, тхьэлъэIу литургием щыщ уэрэд зыбжанэ,
епархием и сайтым къыщыхьа хъыбарыщIэхэр зэрызэрадзэкIым.
Институтым и унафэщI, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор
Ивановэ Ларисэ, зэпеуэм хэтхэм я цIэкIэ фIыщIэ хуищIащ архиепископ
Феофилакт зэрыIущIам, зэрызэпсэлъам папщIэ. ЕгъэджакIуэ нэхъыфIхэр
фокIадэм и 18-м Железноводск щагъэлъэпIащ. Псыхуабэ епархием гулъытэ
хуищIынущ адыгэбзэмрэ литературэмкIэ, дерсхэм Урысейм ис лъэпкъхэм я
духовнэ щэнхабзэм теухуахэм къыщытеувыIэхэм.