Члисэр зэгъэпэщыжыным псори хэтщ

03.09.2022
Просмотры: 3012

2022 гъэм фокIадэм и 2-м Псыхуабэ епархием ЕссэнтIыгу щиIэ округым и 
екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан IущIащ щихъхэу 
Богоотец Иоакимрэ Аннэрэ я цIэр зезыхьэ члисэ Санамер къуажэм щыIэм и унафэщI 
щоджэн нэхъыжь Филиппов Андрей.
Ток кIапсэм и зэранкIэ жьы хъуа унащхьэр зэрахъуэкIын икIи 1991 гъэм яухуа 
члисэр зэрагъэпэщыжын хуей хъуащ. 
Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ 
члисэр зэрагъэпэщыжащ икIи а Iуэхум псори къыхыхьащ, нэхъыбэу къуажэм дэс 
алыджхэр.
Къуажэ администрацэр зыхуеину тхылъымпIэхэмкIэ дэIэпыкъуэгъу мэхъу, 
ЕссэнтIыгу къалэм и «Алекс» ООО-м, абы и унафэщI Алексов Павел егъэхьэзыр 
иконостасыр. КуполыщIэр Музенитов Павел и пщэ ирилъхьэжащ. Унащхьэмрэ блынхэмрэ 
зэрызэрагъэпэщыжын зэхадзэ Санамер, ЕссэнтIыгу къалэм щыпсэухэм. 
Зыхуеину Iэмэпсымэхэмрэ тхьэнапэхэмрэ ЕссэнтIыгу къалэм пэгъунэгъу Троицкэ 
члисэм ягъэIэпхъуащ, Андрей тхьэлъэIухэр егъэкIуэкIыным щыпищэм. Санамер къуажэм 
апхуэдэу члисэ цIыкIу щолажьэ, Щихънагъым и арэзыныгъэкIэ тхьэлъэIухэр 
щрагъэкIуэкIым.

3012
Фотогалерея