Члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэмрэ волонтёрхэмрэ интернатым щыпсэухэм фо иратащ

16.08.2022
Просмотры: 1788

и Жор махуэшхуэм щоджэн Гурин Александррэ Черкесск и Никольскэ члисэ 
зэхуэхьэсам и волонтёрхэмрэ КъШР-м жьы хъуахэм я республикэ интернатым 
щыпсэухэмрэ Нэфхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэ Черкесск къалэм щылажьэм и нэIэм 
щIэтхэмрэ яIущIащ. Зэхыхьэр махуэшхуэм траухуащ. Щоджэныр Успенскэ нэщIым 
зэрыщIидзамкIэ ехъуэхъуащ тхьэлъэIум хэтхэм икIи псы гъэнэхун къулыкъум къытеувыIащ. 
Волонтёрхэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм гъэнэхуа фом щыщ иратащ.

 

1788
Фотогалерея