Епархием и «ДыгъафIэ къалэ» центрым щыIэ Ныкъуэдыкъуэхэм я гъэмахуэ инклюзивнэ зэхуэсым хэтхэр щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуащ.
Центрым щыIэхэр япэщIыкIэ, волонтёрхэмрэ адэ-анэхэмрэ я гъусэу Лермонтов Михаил и дуэль щIыпIэм кIуащ. Епархием и паломническэ IуэхущIапIэм и унафэщI Логвиненкэ Ларисэ усакIуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ тепсэлъыхьащ икIи усэ къеджащ.
Заплъыхьа нэужь, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр Успенскэ Второафонскэ къулъшырыфым щыIащ. «Къулъшырыфым гуапэу драгъэблэгъащ, абы и Iэгъуэблагъуэмрэ музеймрэ зыщыдагъэплъыхьащ. ЧлисэщIэм дыщыIащ икIи и лъапIэныгъэхэм дылъэIэсащ. Мелетий депсэлъащ, и чэнджэщхэр къыдитащ. ЗыплъыхьакIуэ нэужьым къулъшырыфым щылажьэхэм шэджэгъуашхэ ягъэхьэзыращ», - жиIащ Халджиевэ И. Г.
ИужькIэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр Псыхуабэ и Лазаревскэ члисэм щыIащ. Члисэм и щоджэн Лазэ Андрей хьэщIэхэм заригъэплъыхьащ. Члисэм и тхыдэм, тхьэнапэжьхэм ар зыубгъуауэ къытеувыIащ, щоджэнхэм я кхъащхьэхэр яригъэлъэгъуащ. НыбжьыщIэхэм члисэм и Iэгъуэблагъуэм къыщакIухьащ.
«Щихънагъым, къулъшырыфым щыIэ къуэшхэмрэ абы щылажьэхэмрэ, Лазаревскэ члисэм и унафэщIым, и лэжьакIуэхэм, паломническэ IуэхущIапIэм и унафэщI Логвиненкэ Ларисэ сымэ фIыщIэ яхудощI, ди зекIуэр гукъинэж зэрытщыхъунум папщIэ», - жиIащ «ДыгъафIэ къалэм» и унафэщI Земцевэ Екатеринэ.