Баку ягу къыщагъэкIыжащ дунейм ехыжа архиепископ Александр

12.06.2022
Просмотры: 2660

2022 гъэм мэкъуауэгъуэм и 11-м, адэ-анэхэм я Троицкэ щэбэтым, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, Бакинскэ епархиер пIалъэкIэ зезыгъакIуэм, тхьэлъэIу литургиерэ хьэдэщIэлъхьэ тхьэлъэIурэ щригъэкIуэкIащ Баку къалэм и кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам епархием и щоджэнхэм Бакинскэ епархием и управленэм и секретарь архимандрит Алексий (Никоноров) и гъусэу. Литургие нэужьым Пастыр нэхъыщхьэм щоджэнхэм я гъусэу иригъэкIуэкIащ дунейм ехыжа архиепископ Александр (Ищеин) и хьэдэщIэлъхьэ тхьэлъэIур. А махуэхэм щоджэнхэмрэ Азербайджаным и мамыр цIыхухэмрэ ягу къагъэкIыж Бакинскэ епархием и япэ Пастыр нэхъыщхьэр дунейм щехыжа махуэр. 

ТхьэлъэIу нэужьым архиепископ Феофилакт епархием и щоджэнхэм я гъусэу тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ архиепископ Александр (Ищеин) щыщIалъхьа щIыпIэм деж. ТхьэлъэIум хэтащ Кавказым и муслъымэнхэм я Управленэм и унафэщI Шейх-уль-ислъам Пашазаде Аллахшукюр, Азербайджаным и Апостол префект монсеньор Фекете Владимир, европей журтхэм я Бакинскэ дин зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ Шаровский Александр, албано-удин чристэн зэгухьэныгъэм и унафэщI Мобили Роберт, мультикультурализмымкIэ Бакинскэ Дунейпсо центрым и Iэтащхьэ Гасанов Раван, Урысей Федерацэм и лIыкIуэу Азербайджаным щыIэ Бочарников Михаил, дин зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ Къэрал Комитетым и лIыкIуэр, дипломатхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр, епархием и управленэм и лэжьакIуэхэр, епархием и члисэхэм я лэжьакIуэхэмрэ абы екIуалIэхэмрэ, епархием и члисэхэм екIуалIэхэр.

Архиепископ Александр и фэеплъу кърихьэлIахэм захуигъэзащ Пашазаде Шейх-уль-ислъам, нэгъуэщI хьэщIэ лъапIэхэм. 

ТхьэлъэIум ипэ къихуэу дин лэжьакIуэхэм удз гъэгъахэр тралъхьащ Аззербайджаным и Iэтащхьэ Алиев Гейдар и кхъащхьэм. 

А махуэ дыдэм Бакинскэ епархием и Дин-щэнхабзэ центрым щекIуэкIащ Епархием архиепископ Александр (Ищеин и цIэр зезыхьэ и библиотекэр къыщызэIуах пшыхь. КъагъэщIэрэщIэжа Бакинскэ епархием и библиотекэм щIалъхьащ и япэ унафэщIым и тхылъхэр. Абы тхылъ 1000-м щIигъу щызэхуахьэсащ богословиемкIэ, тхыдэмкIэ, патристикэмкIэ, искусствоведенэмкIэ, культурологиемкIэ, лъэпкъ зэпсэлъэныгъэмкIэ, къыдэкIыгъуэ щхьэхуэхэр хыхьэу. 

Пшыхьыр къызэIуихащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт. Зэхуэсым хэтащ Азербайджаным и дин зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, дипломатхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр.

2660
Фотогалерея