Псыхуабэ епархием и щоджэнхэр хэтащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэр щагъэлъапIэм

11.05.2022
Просмотры: 2239

2022 гъэм накъыгъэм и 9-м Железноводск и Покров члисэм и щоджэнхэр хэтащ къалэм и зэхыхьэм икIи хэкIуэда зауэлIхэм я кхъащхьэм удз гъэгъахэр тралъхьащ. 

А махуэ дыдэм Къэрэшей-Шэрджэсым и члисэхэм я щоджэнхэр Уахътыншэ полкым хэтащ. ЕкIуэлIапIэм кIуэхэм я гъусэу щоджэнхэр ТекIуэныгъэм и Паркым кIуащ, зэгъусэ тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ, фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ. 

Ударнэ къуажэм, КъШР-м Уахътыншэ полкыр ирикIуащ, Сэлэт мыцIыхум и фэеплъым деж щыщIадзэри Тхьэм и Анэм и Къэзан тхьэнапэм нэс. Члисэм и унафэщI щоджэн Птушкин Сергий, екIуэлIапIэм кIуэхэм, щоджэнхэм зэгъусэ тхьэлъэIур ирагъэкIуэкIащ. ИужькIэ фэеплъым деж пхъэбгъу ягъэуващ, къэлъыхъуакIуэхэм иужьрей илъэсым къагъуэтахэр щызэхуэхьэсауэ.

Псыхуабэ епархием и Налшык округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин удз гъэгъахэр трилъхьащ Мыужьыхыж мафIэм икIи ТекIуэныгъэм и махуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ концертым хэтащ.

Кисловодск къалэм и зэхыхьэхэр ТекIуэныгъэм и махуэм хуэгъэпсауэ щрагъэжьащ къалэ администрацэм и утым деж Уахътыншэ полкымкIэ. Къалэдэс мин бжыгъэхэр, Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием и еджакIуэхэр хыхьэу, хэкIуэда я нэхъыжьхэм я сурэтхэр яIыгъыу «Солдатам Родины» фэеплъым нэс кIуащ, «Кисловодск. Город-госпиталь в строю» пэкIур щызэхэтам. Псыхуабэ епархием и Кисловодск округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн фIыщIэ яхуищIащ ветеранхэм, тылым и лэжьакIуэхэм, ТекIуэныгъэм хэлъхьэныгъэхэр зэрыхуащIам папщIэ икIи жиIащ хэкIуэдахэр зэращымыгъупщэнур.

2239
Фотогалерея