Архиепископ Феофилакт: «Ди зэгъусэ тхьэлъэIур – зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэщ»

08.05.2022
Просмотры: 2559

2022 гъэм накъыгъэм и 7-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт ЕссэнтIыгу къалэм щигъэнэхуащ псынэпсхэр. Пастыр нэхъыщхьэм къалэм и зэгъусэ тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ Кисловодск и Пантелеимоновскэ члисэм щыщIэдзауэ «ЕсссэнтIыгу №17» псынэпсым и бюветым нэс, псыр щигъэнэхуам. Зэгъусэ тхьэлъэIум хэтщ Псыхуабэ епархием и ЕсэнтIыгу округым и екIуэлIапIэхэм я щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан, къалэм и Iэтащхьэ Некристов Александр сымэ, ессэнтIыгудэсхэр, зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэр. Дунейр зэрымыуэфIми емылъытауэ, тхьэлъэIум хэтащ фIэщхъуныгъэ зиIэ цIыху щэ бжыгъэхэр. 

ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. «Ди зэгъусэ тхьэлъэIур – зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэщ, мы махуэхэм къызэдгъэпэщыр, ди ЕссэнтIыгу къалэм цIыхухэм я псэр ягъэкъэбзэн папщIэ, Тхьэм къыдита псынэпсымкIэ. Ди унагъуэхэм мамырыгъэ илъыну, Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказыр ефIэкIуэну, ди къалэм зиужьыну сохъуахъуэ», - жиIащ архиепископ Феофилакт.

«Ди псынэпсхэр ягъэнэхуныр Романовскэ киотым ирихьэлэу къызэрагъэпэщащ, Коренной киотым пэгъунэгъуу, 19 лIэщIыгъуэхэм ирихьэлIэу. Нобэ, илъэс 200 ипэкIэ узэIэбыкIыжмэ хуэдэу, ЗыгъэпсэхупIэ лъэхъэнэр идогъажьэ, тхьэлъэIукIэ», - ягу къигъэкIыжащ къалэ-зыгъэпсэхупIэм и Iэтащхьэм тхьэлъэIум хэтхэм.

2559
Фотогалерея