Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам конференцэ щрагъэкIуэкIащ ТекIуэныгъэм ирихьэлIэу

08.05.2022
Просмотры: 1693

2022 гъэм накъыгъэм и 6-м Черкесск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам «Победа одна на всех» конференцэр щекIуэкIащ. Абы щызэхуэсащ къалэ школым и 6-11 классхэм щеджэхэр, Педагогикэ, Технологие колледжхэм я студентхэр, Къэрэшей-Шэрджэсым и къэзакъ щIалэгъуалэм я зэгухьэныгъэм щыщхэр.

ЩIалэгъуалэм фIэхъус ирахащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Гурин Александр, КъШР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Ляшовэ Еленэ, лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымкIэ министрым и къуэдзэ Гузко Сергей, Черкесск къалэ Думэм и депутат Михайлов Игорь, Урысей МЧС-м и Къэрэшей-Шэрджэс къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гуп В.М. Дзераев и цIэр зезыхьэм и унафэщI Мозгов Андрей.

Конференцэм хэтхэм зыхуагъэзащ Хэку зауэшхуэм и ветеран Прокопов Иванрэ Дауров Джагафаррэ.

Конференцэм къыщеджащ Къэрэшей-Шэрджэсым и чристэн щоджэнхэмрэ Кубань къэзакъхэмрэ Хэку зауэшхуэм хуащIа хэлъхьэныгъэхэм ятеухуа докладхэм. ЕджакIуэхэр тепсэлъыхьащ республикэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зауэлIхэм я лIыхъужьыгъэм.

Урысей МЧС-м КъШР-м щиIэ къудмэм и лэжьакIуэхэу Мозгов Андрейрэ Дергоусов Василийрэ выставкэ щIэщыгъуэ щагъэхьэзыращ Урысей МЧС-м и музей КъШР-м щыIэм Хэку зауэшхуэм и трофейхэм ятеухуауэ. Абы халъхьащ ЕгъэджэныгъэмкIэ центр №11-мрэ Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам Члисэ тхыдэмрэ къэзакъагъэмкIэ и музеймрэ я хьэпшыпхэр.

Выставкэм зыщаплъхыьа нэужь, конференцэм хэтахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ Черкесск къалэм ТекIуэныгъэм и паркым щыхэкIуэдахэм я фэеплъым.

1693
Фотогалерея