Чристэн гимназием и юбилейм траухуащ унагъуэ спорт махуэшхуэр

08.03.2022
Просмотры: 1863

Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием и илъэс 30-м ирихьэлIэу Кисловодск къалэм и классическэ гимназием и пэщIэдзэ классхэм кIуэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ «Папа, мама, я – спортивная семья» спорт унагъуэ махуэшхуэр ирагъэкIуэкIащ.

Зэхьэзэхуэр ирагъэжьащ гимназием и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн и арэзыныгъэкIэ. УнафэщIым зэхыхьэм хэтхэм захуигъэзащ зыр зым дэIэпыкъуу зэпеуэну. Щоджэным ягу къигъэкIыжащ духовнэ узыншагъэр Тхьэмрэ Члисэмрэ я фIэщхъуныгъэр уимыIэу зэрызомыгъэхъулIэфынур.

Спорт унагъуэ цIэм папщIэ унагуъэ 14 зэпеуащ 1-4 классхэм щIэсхэм я гъэсэнхэм ящыщу. Адэхэр, анэхэр, зы сабий зыхэт гупхэм къагъэлъэгъуащ я

зэфIэкIхэр спорт эстафетихым – пкIэным, къэжыхьыным, волейбол, баскетбол, теннис, топ джэгуным.

КърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь гимназием и унафэщI щоджэн нэхъыжь Чеканов Дмитрий зэпеуэхэм хэтахэм грамотэхэр яритащ. Спорт унагъуэ хъуащ 3 классым щIэсхэр, 2 классым щыщхэр нэхъ гукъыдэж зиIэу къалъытащ, нэхъ псынщIэу къагъэлъэгъуар 1 классым кIуэхэрщ. 4 классым щIэсхэм лъагъэсащ ТекIуэныгъэм зэрыхущIэкъуам папщIэ саугъэтхэр.

1863
Фотогалерея