Архиепископ Феофилакт: «Гъэгъуныгъэр – ар гугъэ къыпхэзылъхьэщ…»

05.03.2022
Просмотры: 2655

2022 гъэм гъатхэпэм и 4-м, дагъэ зыщIэлъ шхыныгъуэхэр щамышх тхьэмахуэм, Кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием и класс нэхъыжьхэм щIэсхэм яIущIащ гимназиер къызэIузыха Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.

Удз гъэгъахэмрэ частушкэхэмкIэ гимназием и гъэсэнхэр яIущIащ щихънагъым. Гимназием абы тыгъэ хуищIащ Карамзин Николай и «История государства Российского» тхылъыр. Музыкэ Iыхьэм иужькIэ класс нэхъыжьхэм щIэсхэм пащащ Щихънагъ Феофилакт епсэлъэным гимназием и шхапIэм, Iэнэ щагъэувам.

Щихънагъым занщIэу упщIэхэм жэуап иритащ. Апхуэдэу псоми я гукъыдэжым зиIэтын папщIэ сыт пщIэн хуейр упщIэм и жэуапыр иритащ пастыр нэхъыщхьэм. Уэрэдым зэрыхэтым хуэдэу уи гуфIэну икIи абы къигъэзэжыну жиIащ. Абы къыхигъэщащ псоми мамыру, лъагъуныгъэ ухуиIэу гуапагъэкIэ уадэгуашэу, уи мыхъумыщIагъэхэр зэбгромыгъэхыу укъекIуэкIын зэрыхуейр.

Щихънагъым апхуэдэу къигъэлъэгъуащ Тхьэм и гуъэгугъэлъагуъэхэр зэрыкIэншэр. Тхьэм сыт щыгъуи ещIэ дэнэ деж къыщыпIущIэнми, уэ птеухуауэ псоми щыгъуазэщ, уи гум илъми. Абы и нэгум зэи ущIэкIыркъым. Уи щхьэхуитыныгъэм зыгуэркIэ ущхьэприхмэ, гъащIэр пхъумэ щыхъунум деж къыщыпIущIэнущ. Дэ ттеухуауэ абы псори щIищIэр дыщыхуэныкъуэм деж къытIущIэн папщIэщ. Тхьэм сыт щыгъуи дызэхещIыкI, къызэрыддэIэпыкъуну щIыкIэри ещIэ».

Зэпсэлъэныгъэм щыпищэм, архиепископ Феофилакт члисэ тхьэлъэIум, унэм теухуахэм къытеувыIащ: «… Тхьэмрэ уэрэ фи зэхуаку зыри дэтын хуейкъым. Тхьэм и пэ зыри ибгъувэн хуейкъым. Сыт щыгъуи къыбдэIэпыкъуну елъэIу, цIыхуу укъэнэжын папщIэ зэпымыууэ зыхуэгъазэ. ПсалътитхукIэ зэпымыууэ Тхьэм сыт щыгъуи зыхуэгъазэ: «Ди Тхьэ, Иисус Христос, къыздэIэпыкъу».

Шей ефэу зэхыхьэм хэтхэр тепсэлъыхьащ дзэ къулыкъум, нэгузыужьым, литературэм, фильмхэм, социальнэ сайтхэм, джэгукIэм зэрыдихьэххэм, зэманыр зэрагъакIуэм. Класс нэхъыжьхэм щIэсхэм жаIащ студентхэм я гимныр, «Прекрасное далёко» уэрэдыр латиныбзэкIэ.

Щыхуагъэгъу щэбэтым и пэ къихуэу Пастыр нэхъыщхьэм псоми захуигъэзащ къахуигъэгъуну икIи Тхьэм и нэфIым химыныну – «Гъэгъуныгъэр – гукъыдэж къозытщ… Ущыуэныр, уи щыуагъэм гу лъыптэжыныр икIи ахэр бгъэзэкIуэжыныр дэтхэнэ цIыхуми хуэфащэщ. Мы зэхыхьэм иужькIэ я щыуагъэхэм гу лъатэжыну, ахэр ящэхьэщыкIыну Тхьэм жиIэ. А щыуагъэхэр жыхьэрмэ мыхъуу».

Гимназием и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн архиепископ Феофилакт фIыщIэ яхуищIащ зэпсэлъэныгъэм, еджакIуэхэм пастыр узэщIыныгъэхэр зэраритам папщIэ.

2655
Фотогалерея