Прохладнэм щекIуэкIащ Тэрч-Малкэ къэзакъ окургым и зэIущIэшхуэ

26.02.2022
Просмотры: 3217

2022 гъэм мазаем и 26-м КъБР-м и Прохладнэ къалэм щекIуэкIащ Тэрч къэзакъыдзэм и зэгухьэныгъэм Тэрч-Малкэ округым щиIэ къэзакъ зэгухьэныгъэм и отчет-хэхыныгъэ зэIущIэ. Зэхыхьэшхуэм арэзы техъуащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.

Зэхыхьэм и лэжьыгъэм хэтащ Тэрч къэзакъыдзэм и атаман Кузнецов Виталий, Къэбэрдей-Балъкъэрым и атаманхэмрэ къэзакъхэмрэ, хьэщIэхэр. Атаман Любуня Николайрэ округым и къэзакъ зэгухьэныгъэм и правленэмрэ я отчетыр къехъулIауэ къалъытащ, зэIущIэм хэтхэм фIыщIэ хуащIащ атаманым Хэкумрэ къэзакъхэмрэ илъэс куэдкIэ зэрахуэлэжьам папщIэ икIи зэгурыIуэри хахащ есаулыщIэ – Махонин Дмитрий.

Щихънагъым хаха атаманым фIыщIэ хуищIащ икIи зэкъуэтыныгъэмрэ зэкъуэшыныгъэмрэ, Хэку лъагъуныгъэмрэ Урысейм хуаIэ щытыкIэмрэ дунейр зэрихъумэнур.

Члисэ ЛъапIэм хуащIа хэлъхьэныгъэхэм папщIэ архиепископ Феофилакт Архиерей щIыхь тхылъхэр яритащ ипэрей атамнымрэ Тэрч-Малкэ округым и зэгухьэныгъэм и нэхъыжьхэмрэ икIи Тхьэр къадэIэпыкъуну захуигъэазщ. Зэхыхьэм и лэжьыгъэр тхьэлъэIукIэ ирагъажьэри иригъэкIуэкIащ икIи зэхуищIыжащ Псыхуабэ епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан.

3217
Фотогалерея