2022 гъэм мазаем и 13-м, фIэщхъуныгъэ зиIэ иеросхимонах Стефан (Игнатенко) дунейм щехыжам и фэеплъ махуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ ар щыщIалъхьэжа Кисловодск и кхъэ Седлогорскэ уэрамым тетым. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием Кисловодск округым щиIэ благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн, Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым и иеромонах Елевферий (Казаков), къулъшырыфым щыIэхэмрэ Кисловодскэ благочинием и члисэхэм я щоджэнхэмрэ. Стефан и псэр зэгъэн папщIэ зэхуэсащ Кисловодскэ члисэхэм екIуалIэхэмрэ Кавказым и Минводы и къалэхэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэмрэ.
Щихънагъым ягу къаигъэкIыжащ фIэщхъуныгъэ зиIэм и ехъулIэныгъэхэр, зи фIэщхъуныгъэм емыпцIыжар:
«… Тхьэм и цIыхухэм сыт щыгъуи ягъэлъапIэрт тхьэлъэIу езыгъэкIуэкIыр – хабзэхэм емыпцIыжыр, Члисэм и зэкъуэтыныгъэм и щапхъэгъэлъагъуэр. И щоджэным пщIэ хуащIырт, и деж къакIуэхэм сыт щыгъуи дэIэпыкъурт.
Стефан дунейм ехыжа нэужь абы иджыри кIуэрт цIыхухэр, зэпымыууэ нобэр къыздэсым, Тхьэм и нэфI зыщыхуам тригъэурти. Тхьэм и фIэщхъуныгъэ быдэ зиIэ, къулъшырыфыр щызэхуащIыжа, щызэхакъута зэман хьэлъэхэм пхыкIа, Христос и фIэщхъуныгъэм къыхэкIыу зэхэзехуэн ящIам. ЦIыху куэдым къамыгъэпэжами, ар гухакъым. Абы и гур Тхьэм тыхь хуищIащ.
Абы быдэу и фIэщ хъурт нэгъуэщI зэман къызэрыунэхунур, лъапIэныгъэхэр зэрызэрагъэпэщыжынур, Христос и фIэщхъуныгъэм зэIухауэ зэриузэщIынур. Нобэ ди фIэщ мэхъу абы къыщIэнахэм и фIэщхъуныгъэр, и гугъэхэр зэщIа зэрыхъуар. Тхьэм и фэIщхъуныгъэр кIащхъэ хъунукъым…
Стефан долъэIу ди тхьэлъэIухэр къимыгъэнэну, дызыщимыгъэгъупщэну, Кавказ щIыналъэм хуиIа лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ. Дэр папщIэ Тхьэ елъэIу, уи тхьэлъэIухэм дыхомын».
Благочиннэм фIыщIэ хуищIащ архиепископ Феофилакт зэгъусэ тхьэлъэIум папщIэ, Стефан теухуа я гукъэкIыж гуапэхэм, абы теухуа тхылъ къызэрыдагъэкIам къыхэкIыу.
Пастыр нэхъыщхьэм цIыхубэм фIыщIэ яхуищIурэ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм фIэхъус ярихащ «Христос лIахэм къахэтэджыкIыжащ!» жиIэурэ.
Иеросхимонас Стефан щыщIалъхьэжа щIыпIэм деж благочинием и клирикхэм, щоджэнхэм тхьэлъэIухэр щрагъэкIуэкIащ а махуэм Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым и нэгъуэщI епархиехэм къикIахэм.
Кисловодск и екIуэлIапIэхэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм фо зыщIэлъ шхыныгъуэ IэфIхэр иратащ.