Псыхуабэрэ ЕссэнтIыгурэ къэзакъхэм я тхьэлъэIу щекIуэкIащ – зи щIыналъэм ирагъэIэпхъукIахэм папщIэ

26.01.2022
Просмотры: 3157

2022 гъэм щIышылэм и 24-м Псыхуабэ и Лазаревскэ члисэм и Поклоннэ жорым къэзакъхэм я унагъуэхэр я гъусэу, щоджэнхэр, къызэрыгуэкI мамыр цIыхухэр щызэхуэсащ. 1918 гъэм жэпуэгъуэм а щIыпIэм деж цIыху щэ бжыгъэхэр щыхэкIуэдащ, совет властым хуэмыарэзыуэ, икIи фэеплъ щIыпIэ хъуащ, Псыхуабэ и къэзакъхэм я гъусэу а пщыхьэщхьэм Тхьэ елъэIуащ Тэрч къэзакъыдзэм и атаман, Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Кузнецов Виталий.

Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ Псыхуабэ епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан щоджэнхэм я гъусэу Тхьэ елъэIуащ икIи зэхыхьэм хэтхэм Щихънагъым къыбгъэдэкI псалъэхэр ялъигъэIэсащ.

«Къэзакъхэм илъэсищэрэ щырэ хъуащ я гузэвэгъуэр, 1919 гъэм щIышылэм директивэм Iэ зэрыщIадзрэ. Абы и пэ къихуащ илъэс зыбжанэкIэ ахэр зэрызэкъуэхуар, къэзакъхэри хэту. «Iуэху зIэумыбзэр къэралым и лъабжьэм щыщыIэт, ауэ Урысейр Тхьэм къихъумащ, ноби къехъумэ. Дэ куэдкIэ ди къэкIуэнур дэлъытащ. Ди гум илъ жагъуэхэр, зыр адрейм дызэрыхуэмыарэзыр дигу къидгъэнэну хьэмэ чристэн фIэщхъуныгъэр хъумэным, къэзакъхэм зегъэужьыным, Хэкур дгъэбыдэным дыхущIэкъуну», - ягу къигъэкIыжащ Стефан.

ЕссэнтIыгу а махуэм зи щIыналъэм ирагъэIэпхъукIахэм я фэеплъым деж тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ Пантелеимоновскэ члисэм и унафэщI щоджэн Журавлев Михаил. Щоджэнхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ я гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэм и къэзакъ зэгухьэныгъэм и къэзакъхэр.

3157
Фотогалерея