КъШР-м и жылагъуэ палатэм илъэсипщI юбилейр игъэлъэпIащ

16.12.2021
Просмотры: 1564

2021 гъэм дыгъэгъазэм и 15-м Къэрэшей-Шэрджэсым и Жылагъуэ палатэм и илъэсипщIыр игъэлъэпIащ. Палатэм и зэхуэсым, юбилейм ирихьэлIэу къызэрагъэпэщам хэтащ Псыхуабэ епархием и Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр. Благочиннэр палатэм и унафэщI Ляшовэ Еленэ ехъуэхъуащ икIи Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къигъэхьа тхыгъэм къеджащ.

Хъуэхъум щыжыIащ: «Республикэм и жылагъуэмрэ чристэн зэгухьэныгъэхэмрэ жыджэру зэдэлэжьэн щIадзащ палатэр къызэрагъэпэща нэужь. Щоджэнхэр абы хэтщ япэ зэхуэсым щыщIэдзауэ икIи Iуэху зэIумыбзхэмрэ жэрдэмхэмрэ топсэлъыхь. Жылагъуэ палатэм хэтхэм дзыхь къывагъэзыну, республикэм исхэм пщIэ къыфхуащШыну сынывохъуэхъу, жылагъуэ гъащIэр егъэфIэкIуэнымкIэ Тхьэр къывдэIэпыкъуну».

Юбилейм ирихьэлIэу щоджэным Жылагъуэ палатэм хэтхэм яритащ «Православные святыни Карачаево-Черкесии» тхылъыр.

КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым (Парламентым) и унафэщI Иванов Александр благочиннэм иритащ КъШР-м и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъыр, республикэм и Жылагъуэ палатэм илъэс куэд щIауэ зэрыхэтым папщIэ.

Апхуэдэу Иванов Алескандр КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым и Президиумым и щIыхь тхылъыр иритащ Жылагъуэ палатэм хэт, Черкесск и Покров члисэм и нэхъыжь Березницкий Василий. Василий и фIыгъэкIэ члисэм ихъуреягъкIэ заборыр яухуащ, причт унэр щIыгъуу. Березницкий Василий жэуаплыныгъэ зыхэлъ къудейкъым, атIэ икIи чристэн жыджэрщ гъуэгу ухэуныгъэхэмкIэ. Василий и Iуэху бгъэдыхьэкIэхэм КъШР-м и Жылагъуэ палатэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуащIащ.

1564
Фотогалерея