Зэкъуэтыныгъэм и аллеер Псыхуабэ къыщызэIуахащ

04.11.2021
Просмотры: 2150

Второафонскэ Бештаурскэ къулъшырыфым ухуэзышэ гъуэгум, жыгыщIэхэр щагъэтIысащ. Псыхуабэ и махуэшхуэм и пщэдджыжьым лэжьыгъэ куэд зэфIахащ: жыгыщIэ щэ бжыгъэхэмрэ чыцэхэмрэ щагъэтIысащ – Бештаурскэ къулъшырыфым хуэкIуэ гъуэгум деж щыщIэдзауэ.

Епархием и лIыкIуэхэм я деж щыщIэдзауэ муфтийхэр, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм щыщхэр, щIалэгъуалэр, нэхъыжьхэр, депутат корпусыр, волонтёрхэр, псыхуабэдэсхэр, къалэр нэхъ екIу, зэIузэпэщ хъунымкIэ дэIэпыкъуну гукъыдэж зиIэхэр Iуэхум хэтащ.

- Зэкъуэтыныгъэр – дызэгъусэу зы унэтIыныгъэмкIэ дызэрыкIуэрщ, ди къалэм и къэкIуэнур къыщытфIэIуэхурщ, и къэкIуэнумрэ и блэкIамрэ, - жиIащ архиепископ Феофилакт. – Гуапагъэншэу зэкъуэтыныгъэр пхузэгъэпэщынукъым.

Къалэр зыгъэдахэ апхуэдэ эхыхьэхэрщ къалэдэсхэр зэкъуэзыгъэувэр, ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэшхуэр нэхъри зыIэтыр. Ар быдэу и фIэщ мэхъу Рахимов Мухьэммэд-хьэжы, Ставорополь крайм и муфтийм:

- Псори дызэкъуэтмэ, зыри шынагъуэкъым, псори дыкъарууфэщ. Урысейм и лъабжьэр – гугъуехьхэр дызэкъуэту къызэднэкIынырщ.

Псыхуабэ и Iэтащхьэ Ворошилов Дмитрий къызэрыхигъэщамкIэ, илъэс ныкъуэ и пэкIэ къулъшырыфым и гъуэгум и щIэдзапIэр нэгъуэщIу щытащ: автомобиль гъуэгум и зэхэзэрыхьыныгъэр, Iэгъуэблагъуэр зэрымызэIузэпэщыр, къэгъэшыпIэ памцIэхэр.

- Гъуэгур зыхуей хуэдгъэзащ, нэгъуэщI зекIуапIэ зэдгъэпэщащ, автомобиль бэзэрыр Iутхащ. Ноби а Iуэхум пыдощэ – Iэгъуэблагъуэр зыхуей хуэгъэзэным, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуэхэми, зыплъыхьакIуэ кIуэхэми, щIыналъэм щыпсэухэми дахагъэр ялъагъун папщIэ, – жиIащ Ворошилов Дмитрий. – Псыхуабэ – лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыпсэу щIыпIэщ, щэнхабзэ, дин и лъэныкъуэкIэ зэщхьэщыкIыу. Аращ дэ къару къыдэзытыр. Гуапагъэри зэгъусэу долэжь, – къызэрыгуэкI махуэхэми махуэшхуэхэми.

ЖыгыщIэ цIыкIу 30, чыцэ япон хьеиуэ щэ ныкъуэм щIигъу, туе 27-м нэблагъэ ягъэтIысащ Iуэхум хэтахэм. Зэкъуэтыныгъэм и жыг хадэм, къалэ паркым и Iэгъуэблагъуэми хуэдэу, кIэлъыплъынущ Псыхуабэ и Горзеленстройр.

2150
Фотогалерея