«Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм дэIэпыкъуныгъэхэр мазиблкIэ хуащIащ екIуэлIапIэ пхыдзахэм

07.10.2021
Просмотры: 2071

Псыхуабэ еапрхием и «Анэхэм папщIэ унэ» кризис IуэхущIапIэм щызэхалъхьэжащ къуажэ, станицэ пхыдзахэм хуащIэ дэIэпыкъуныгъэхэм я программэхэр зэрагъэзэщIар. Центрым и лэжьакIуэхэм мазиблым къриубыдэу дэIэпыкъуныгъэхэр хуащIащ Ставропольем, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я члисэхэм я тхьэмахуэ школхэм.

Гъатхэпэм щыщIэдзауэ фокIадэ пщIондэ ерыскъыпхъэхэр, къабзагъэм зэрыкIэлъыплъ хьэпшыпхэр, фэилъхьэгъуэхэр, сабийхэр зэрыджэгухэр, тхылъхэр унагъуи 130-м хуашащ, сабии 1650-рэ щапIым. Иджыри къуажэ 33-м дэIэпыкъуныгъэхэр хуащIащ, Москва Патриархием и грант дэIэпыкъуныгъэм и фIыгъэкIэ. Езыр-езыру гупыж зыщIа цIыху гуп Iуэхум хыхьэу дэIэпыкъуащ центрым и лэжьакIуэхэм гуманитар дэIэпыкъуныгъэ 27-рэ хуашэри.

Бжыгъэ гъущэхэм я щIыбым цIыху щхьэхуэхэр къыдэтщ. «Дапщэщи цIыхухэм ягъэщIагъуэрт унагъуэм хуащIэ дэIэпыкъуныгъэхэр. Ерыскъыпхъэхэм къадэкIуэу фэилъхьэгъуэхэр, вакъэхэр, нэгъуэщI хьэпшыпхэр яхуэтшэрт. ХуэмыщIа бзылъхугъэхэмрэ сабийхэмрэ псом хуэмыдэу дэIэпыкъуныгъэ яхуэныкъуэт. КъызэрыщIэкIымкIэ, языныкъуэ анэхэм ящIэркъым сабий дэIэпыкъуныгъэхэр зэрыщыIэр», - жеIэ «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм и унафэщIым.

Псапэ Iуэхухэм грант программэм хыхьэу зэкъуигъэуващ кризис центрым и унафэщIхэр..ЦIыхухэр яфIэфI дыдэу чэзууэ къакIуэурэ ядэIэпыкъурт кризис центрым щыIэхэм хьэпшыпхэр ягуэшынымкIэ, бзылъхугъэхэм фэилъхьэгъуэхэр къыхахынымкIэ яхуэщхьэпэрт, ахэр зэхадзырт. Москва Патриархием и граныр волонтерхэм, «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIаIпэм и нэIэм щIэтхэм яхуэщхьэпащ.

2071
Фотогалерея