Кисловодск тхьэлъэIукIэ ягу къагъэкIыжащ щоджэн нэхъыжь Величко Вячеслав

24.08.2021
Просмотры: 2927

2021 гъэм шыщхьэуIум и 23-м, Кисловодск и Пантелеимоновскэ члисэм и япэ унафэщI икIи ухуакIуэ щоджэн нэхъыжь Величко Вячеслав дунейм зэрехыжрэ илъэситху щрикъум ирихьэлIэу, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Вячеслав щыщIалъхьэжа щIыпIэм деж тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ.

Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ: Псыхуабэ епархием и Кисловодск округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн, благочинием и щоджэн нэхъыжь Лиманов Гермоген, Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым и благочиннэ иеромонах Елевферий (Казаков), дунейм ехыжа щоджэным и къуэ щоджэн Величко Владимир, благочинием и щоджэнхэр.

ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым щоджэнхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ захуигъэзащ дунейм ехыжам и тхьэлъэIум хэтыну зэхуэсахэм.

«…ЦIыху гъащIэр пIащIэрыщIщ икIи дунейм ехыжа, дэркIэ лъапIэ цIыхур иужьрей гъуэгуанэ щытедгъэувэжкIэ ди гум щыщIэр жыпIэну гугъущ. КъегъэлакIуэ Христос дэтхэнэ зы цIыхуми имыухыжын гъащIэ эрыритым дыщыгъуазэщ, ди псэхэр къызэрыушыжым, имыухыжын гъащIэ дызэриIэм. Тхьэр – лIэныгъэ здэщымыIэщ, Тхьэр – шынэ здэщымыIэщ, Тхьэр – гъащIэ здэщыIэщ!», - жиIащ Щихънагъым тхьэлъэIу нэужьым.

Пастыр нэхъыщхьэм апхуэдэу къыхигъэщащ члисэр зэфIэгъэувэжыным теухуа Вячеслав и лэжьыгъэхэр: «… Си фIэщ мэхъу Вячеслав Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Пантелеимон и гъусэу мы члисэм иужьрей гъуэгуанэм щытрагъэхьэжхэм папщIэ Тхьэ зэрелъэIур. Ар куэдрэ лэжьащ Христос псалъэ гуапэ, узэщIыныгъэ къигъэнэн папщIэ. Щоджэным и дежкIэ щIэин нэхъ лъапIэ хъуар къигъэна мывэхэркъым, атIэ и фIэщхъуныгъэм шэху уэздыгъэм хуэдэу пигъэна – Христос и фIэщхъуныгъэрщ лэжьыгъэ нэхъ лъапIэр. Щоджэным гъуэгуанэ къегъанэ, Христос абы зэрыхуэкIуар икIи, ар зэджахэр и гъуэгум ирокIуэ, а гъуэгум зыщыдэIэпыкъуахэр, щытригъэуахэр… ГуфIэгъуэщ а гъуэгум Христос фIыуэ зылъэгъуахэр зэрырикIуэр, щоджэным и теплъэм а лъагъуныгъэр къыщызыгъуэтахэр…»

ИужькIэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн Пастыр нэхъыщхьэм фIыщIэ хуищIащ округым и щоджэнхэм папщIэ зэгъусэ тхьэлъэIум папщIэ.

2927
Фотогалерея