2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 3-32-хэм Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым щекIуэкIащ чристэн щIалэгъуалэм Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым и «Зелёный Афон» зи чэзу зэхуэсыр.
НыбжьыщIи 150-м щIигъу, егъэджакIуэ нэхъыжьи 3, гъэсакIуэ 13 хэтащ тхьэмахуищкIэ екIуэкIа зэхуэсым. Мы гъэм зэхуэсыр ягъэкIэщIащ, ауэ ныбжьыщIэхэр щIыналъэ лъапIэм зэрыщыIам игъэгушхуащ.
Зэгъусэ тхьэлъэIухэр ирагъэкIуэкIащ, ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къеджащ, члисэ уэрэдхэр жаIащ; Хэку лъагъуныгъэм теухуа сабий уэрэдхэр жаIащ;
пщэдджыжьым я Iэпкълъэпкъым зрагъэукъуэдиящ; Бештау бгым дэкIащ зэхуэсым и ныпыр яIыгъыу; архиепископ Феофилакт епсэлъащ, къулъшырыфым щыIэ къуэшхэм я гъусэу, епархием и щоджэнхэр ящIыгъуу; гуэныхьхэр Iуэтэжыным и щэхуэхэм, Евхрастием зыхуагъэхьэзыращ; зэрыцIыхуащ, зэныбжьэгъу хъуащ; ныбжьыщIэхэр зэпсэлъащ – ар сменищым я махуихыр зэрагъэкIуарщ.
Илъэс дэкIмэ… Тхьэм жиIэмэ, къулъшырыфым и куэбжэхэр екIуэлIапIэхэмрэ тхьэмахуэ школхэмрэ я ныбжьыщIэхэм иджыри хузэIуахынущ. Иджыри гуфIэу жаIэнущ: «Уи махуэ фIыуэ, Зелёный Афон! Аргуэру дызэгъусэщ!