ЕссэнтIыгу станицэм псапащIэ махуэшхуэ щызэхэтащ

16.07.2021
Просмотры: 2457

2021 гъэм бадзэуэгъуэм и I11-м ЕссэнтIыгу станицэм и Успенскэ члисэм щекIуэкIащ псапащIэ махуэшхуэ. Апхуэдэ махуэшхуэр Урысейм блэкIа лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм щрагъэкIуэкIащ. А хабзэр къезыгъэжьар – пащтыхь унагъуэрщ. Социальнэ проектыр щрагъэжьэжащ Псыхуабэ епархием члисэ псапэ щIэнымрэ социальнэ къулыкъухэмкIэ къудамэм.

Уэндэгъухэмрэ сабий зыпI анэхэмрэ я «Анэхэм папщIэ унэ» центрым махуэшхуэм псапэ бэзэр щрагъэкIуэкIащ. Епархием и кризис центрым саугъэтхэр щызэхуахьэсащ, центрым и ныбжьэгъухэмрэ и нэIэм щIэтхэмрэ езыхэм я IэкIэ ягъэхьэзырахэр: матэхэр, удз гъэгъахэр, салфеткэхэр, зэрыджэгу хьэпшыпхэр, щыгъэм къыхэщIыкIа цIугъэнэхэр, лъэпкъ фащэхэр зыщыгъ гуащэхэр… Мы зэм ашхъэ зэхадзащ «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм щыIэ Оксанэ папщIэ, зи закъуэу илъэс 12 хъу сабийр зыпIым папщIэ. И узыншагъэм къызэримыхьым къыхэкIыу цIыхубзыр лэжьапIэ увыфыркъым. IэщIагъэлIхэм яхуэгъэхъужыркъым, хущхъуэхэр сэбэп хуэхъуркъым. И лажьэр зэхэгъэкIын хуейщ.

«ГъащIэр къегъэл» урысейпсо псапащIэ программэм къызэрегъэпэщ икIи ирегъэкIуэкI Москва щыщ Оксанэ и узыншагъэр зэтригъэувэжыныр. ЕссэнтIыгу къалэм и администрацэм лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и Управленэр и дэIэпыкъуэгъуу тхылъхэр ягъэхьэзырри Москва ягъэхьащ. Ашхъэ зэхуахьэсащ Москва зэрыкIуэну билетым, абы зэрыщыпсэуну, зэрыщыщэхуэнум папщIэ.

Iуэхум хыхьэу «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм щыщхэм сабийхэм папщIэ мастер-классхэр ирагъэкIуэкIащ. Зи IэщIагъэм хуэIэижьхэм я нэIэм щIэту сабийхэм зэхуахьэсащ шынэ-шынэ Iэрамэхэр, удз гъэгъахэр фетрым къыхащIыкIащ, гуащэхэр ягъэхьэзыращ, члисэ сурэтхэр ящIащ. ПсапащIэ махуэшхуэр илъэс къэс иужьрей илъэсиблым къызэрагъэпэщ.

2457
Фотогалерея