Къэзакъхэм я зэхуэсым хэтхэр Налшык литургием Тхьэ щелъэIуащ

12.07.2021
Просмотры: 3497

2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 11-м Ставропольскрэ Невинномыскрэ я митрополит Кириллрэ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилактрэ тхьэлъэIу литургие щрагъэкIуэкIащ апостол пэлъытэ Магдалинэ Марие и цIэр зезыхьэ Налшык къалэм и члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэхэм къулыкъур дащIащ Ставрополь митрополиемрэ Псыхуабэ епархиемрэ я щоджэнхэм.

Литургием Тхьэ щелъэIуащ къэзакъ щIалэгъуалэм я «Казачье единство – 2021» V Евразие зэхуэсым хэтхэр. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къеджа нэужь, архиепископ Феофилакт фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Къэзакъхэм я щIэблэм Христос и щэхухэм зыхагъэгъуэзащ.

Литургие нэужьым тхьэлъэIум хэтхэм захуигъэзащ къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ Синод комитетым и унафэщI, Ставропольскрэ Невинномыскрэ я митрополит Кирилл. ТхьэлъэIур щызэхуащIыжым зэхуэсым хэтахэм зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.

Архиепископ Феофилакт Евразие зэхуэсым и утхэм ящыщ зым и модератор хъуащ. Щихънагъым фIэхъус ярихащ зэхуэсым хэтхэм, Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым щыщу абы щызэхуэсахэм, лэжьыгъэфI къехъулIэну ехъуэхъуащ, я мурадхэм лъэIэсыну икIи ягу къигъэкIыжащ псори зы унэм дызэрыщыпсэур, - Урысейм. Тхьэм ар ди нэхъыжьхэм я IэкIэ иухуащ икIи ар тхъумэну ди къалэнщ.

«ХьэщIэ фIыуэ зылъагъу Къэбэрдей-Балъкъэрыр дэтхэнэ зыми фIэщхъуныгъэм, лъагъуныгъэм, зэныбжьэгъугъэм щIэдзапIэ хуищI. Апостол Иоанн зэрыжиIэмкIэ, пэжыгъэм щхьэхуит дещI» - жиIащ щихънагъ Феофилакт.

3497
Фотогалерея