Зэпсэлъэныгъэр траухуащ гъащIэ гъуэгуанэм теухуа упщIэхэм

09.07.2021
Просмотры: 2152

2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 7-м и пщыхьэщхьэм мафIэ зыщIадза шыуаным и утым деж Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт щепсэлъащ епархием и «Зелёный Афон» щIалэгъуалэ зэхуэсым и I Iыхьэм кIуахэм.

Бештау бгым дэкIыным и пэ къихуэу Щихънагъыh абы хэт ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ къару яIэну, 2018 гъэм гупыж зыщIахэмрэ епархием и щоджэнхэмрэ бгым Тхьэм, КъегъэлакIуэ Христос и теплъэр зэрыдахам къытеувыIащ.

«ЯпэщIыкIэ сыт хуэдзизу гугъу уемыхьми, адэкIэ нэхъ тынш пщохъу Iуэхур, Христос къыбдоIэпыкъури. Абы ущыхуэкIуэкIэ зыкъыпщIегъакъуэ. Гъуэгу ущытеткIэ лъэпощхьэпохэм урихьэлIэмэ, нэгъуэщI гъуэгу утеувэн хуейщ. АтIэ къэбгъэзэжын хуейкъым.Тхьэм уищтэнущ абы ущIыгъуну гукъыдэж узэриIэм папщIэ», - жиIащ щоджэн нэхъыщхьэм.

Пастыр нэхъыщхьэм и гъащIэ гъуэгум теухуа упщIэ куэдым тепсэлъыхьащ, школым, духовнэ семинарием зэрыщрагъаджэм, хэхыныгъэхэм, Члисэм къулыкъу щыщIэным, къулъшырыфым и гъащIэм…

ИужькIэ архиепископ Феофилакт зэхыхьэм хэта дэтхэнэми фIыщIэ хуищIащ икIи зэманыр мыхьэнэ иIэу ягъэкIуэну, зэныбжьэгъу пэж хъуну захуигъэзащ, я фIэщхъуныгъэр ягъэбыдауэ, нэхъ балигъ хъуауэ унэм кIуэжыну.

2152
Фотогалерея