2021 гъэм бадзэуэгъуэм и 3-м Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ къулъшырыфым къыщызэIуахащ Псыхуабэ епархием и чристэн щIалэгъуалэм я «Зеленый Афон» епщыкIубланэ зэхуэсыр. Ар теухуауэ щытынущ фIэщхъуныгъэ зиIэ джыназ Невский Александр илъэс 800 зэрырикъум, Урыс Члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча и щихъхэм я лIыгъэм. Зэхуэсыр ирагъэкIуэкI къулъшырыфымрэ Псыхуабэ епархием и ЩIалэгъуалэ къудамэмрэ я дэIэпыкъуэгъуу.
«Зеленый Афон» зэхуэсым хэтхэм фIэхъус ярихащ къулъшырыфым и щоджэнархимандрит, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт. «БлэкIа илъэсым зыхэтщIащ зэгъусэ тхьэлъэIум и мыхьэнэр. Пэжыр жысIэнщи: фи тхьэлъэIухэм дыхуэныкъуащ. ТхьэлъэIу литургием ди зэпсэлъэныгъэм сыхуэзэшащ, пщыхьэщхьэм шыуан мафIэм деж щытщI зэхуэсхэми. Мы гъэм Тхьэм и фIыгъэкIэ иджы дызэхуос икIи «Зелёный Афон» зэхыхьэм и хабзэхэм пыдощэ», - жиIащ Щихънагъ нэхъыщхьэм.
Мы гъэм зэхуэсыр коронавирус узыфэм зыщыхъумэным и хабзэхэм тету къызэрагъэпэщ. Зэхыхьэм и пэ къихуэу дохутырхэр къакIэлъыплъащ, зэпымыууи я нэIэ къытетщ. «Зелёный Афон» зэхуэсыр бадзэуэгъуэм и 23-м зэхуащIыжынущ.