Архиепископ Феофилакт хэтащ КИФЩI-м и МВД-м и унафэщIхэм я зэхыхьэм

16.06.2021
Просмотры: 3544

2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 15-м Урысей МВД-м Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щиIэ управленэ нэхъыщхьэм щекIуэкIащ щоджэнхэм я зэIущIэ. Ар и жэрдэмщ Урысей МВД-м и управленэ нэхъыщхьэ КИФЩI-м щыIэм и унафэщI полицэм и генерал-полковник Бачурин Сергей.

Зэхыхьэм хэтащ Кавказ Ищхъэрэ округым и муслъымэнхэр, чристэнхэр, Адыгэ, Краснодар крайхэм, Къалмыкъ Республикэм ис муслъымэнхэм я Дин IэухущIапIэхэм и лIыкIуэхэр.

ЗэIущIэм хэтхэр къытеувыIащ округым и Iэгъуэблагъуэм щыщыIэ дин щытыкIэм, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и Iэгъуэблагъуэм экстремизмым пэщIэтынымкIэ къэралкIуэцI органхэмрэ щоджэнхэмрэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм. Управленэм и унафэщI Бачурин Сергей къыхигъэщащ апхуэдэ зэIущIэр куэд щIауэ зэрекIуэкIыр икIи экстремизм гупсысэкIэр зэбгырыгъэкIыным зэрыпэщIэтыр, лъэпкъхэм яку дэлъ зэгурымыIуэныгъэхэр и зэманым кызэращIэр. Нэхъыщшхьэу зи гугъу ящIахэм ящыщщ округым и жылагъуэ-политикэ щытыкIэм къару хуэхъуну Iэмэпсымэхэр. Щоджэнхэмрэ хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэр гъэбыдэным ехьэлIа нэгъуэщI упщIэхэм теухуа я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэхъуэжащ.

Зэхыхьэм хэтхэм къыхагъэщащ зи гугъу ящI Iуэху зэIумыбзхэм Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм я зэгурыIуэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ хъумэнымкIэ мыхьэнэ зэраIэр.

ЗэIущIэм хыхьэу Урысей МВД-м КИФЩI-м щиIэ къудамэм и унафэщIым зэхыхьэм хэтхэр игъэлъэпIащ управленэ нэхъыщхьэм и медалкIэ. IуэхущIапIэр илъэсипщI зэрырикъум и щIыхькIэ ита медалыр Бачурин Сергей хуигъэфэщащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт. Псыхуабэ епархием и Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия «За заслуги» фэеплъ медалыр къыхуигъэфэщащ управленэ нэхъыщхьэм.

3544
Фотогалерея