ХьэщIэхэр саугъэтхэр яIыгъыу инклюзивнэ зэхуэсым кIуащ

11.06.2021
Просмотры: 2483

Ныкъуэдыкъуэ щIалэхэм я гъэмахуэ инклюзивнэ зыгъэпсэхугъуэ зэхуэсым и махуэхэм, «ДыгъафIэ къалэ» епархие центрым кIуащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, Ставрополь крайм и Губернаторым и лIыкIуэ Конкинэ Наталье, ЕссэнтIыгу къалэм и Iэтащхьэ Некристов Александр, Ставрополь къэрал пединститутым и къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Чотчаевэ Маринэ, къалэ сымаджэщ нэхъыщхьэм и дохутыр Ангилов Василий.

ХьэщIэхэр зэхыхьэм хэтхэм, егъэджакIуэхэм, волонтёрхэм епсэлъащ, зэхуэсымрэ центрымрэ я лэжьыгъэм зыхагъэгъуэзащ. «ДыгъафIэ къалэм» и унафэщI Земцевэ Екатеринэ хьэщIэхэм яхутепсэлъыхьащ центрым и ехъулIэныгъэхэмрэ зыужьыныгъэхэмрэ, проектхэмрэ зыхуэныкъуэхэмрэ.

Архиепископ Феофилакт «ДыгъафIэ къалэм» тыгъэ хуищIащ ноутбук, къалэм и Iэтащхьэм шэнтжьейхэр иритащ.

ОВЗ узыфэ зыпкъырытхэм илъэси 6 хъуауэ ядоIэпыкъу IуэхущIапIэр. Центрым пщафIэмкIэ, арт-терапиемкIэ, къафэхэмкIэ, театрымкIэ, пшахъуэ терапиемкIэ, творческэ информатикэмкIэ, стIолыщхьэ теннисымкIэ, агротерапиемкIэ псапэ дерсхэр щрагъэкIуэкI, психологхэм щыдолажьэ.

Центрыр долажьэ ЕссэнтIыгу къалэм и СГПИ-м. Студентхэмрэ еджапIэм и егъэджакIуэхэмрэ центрым и егъэджакIуэ-волонтёр хъуахэщ.

2483
Фотогалерея