«Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэм ирагъэжьащ Москва Патриархием и грант лэжьыгъэр

24.05.2021
Просмотры: 2151

Епархием и кризис центрым къызэригъэпэщащ Къэрэшей-Шэрджэс республикэм и Кавказскэ къуажэм и гуманитар дэIэпыкъуэныгъэр. «Анэхэм папщIэ унэ» центрым щыщIэдзауэ къуажэм нэс километр 60 дэлът икIи кризис центрым нэсыну унагъуэхэм къехьэлъэкIырт.

Центрым и IэщIагъэлIхэр абыхэм я деж кIуащ «Норильский никель» компанием и унафэщI Потанин Владимир и грантымрэ Москва Патриархием и нэгъуэщI псапащIэхэмрэ я дэIэпыкъуныгъэм и фIыгъэкIэ. Псыхуабэ епархием и кризис центрыр хыхьащ псапэ лэжьынымкIэ Синод къудамэм и грант программэр и дэIэпыкъуэгъуу.

Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ, Iуэхум арэзы техъуащ Кавказскэ къуажэм и Георгиевскэ екIуэлIапIэр. Члисэм и унафэщI щоджэн Малютин Геннадий и нэIэ тригъэтщ Къэрэшей-Шэрджэсым и щIыналъиблым. Аращ Кавказскэ, Октябрьскэ, Майскэ, Водораздельнэ, Мичуринскэ, Дружбэ, Садовэ, Родниковскэ къуажэхэм щыщ анэхэр щIрагъэблэгъар.

«Анэхэм папщIэ унэм» къикIри социальнэ лэжьакIуэ, юрист, психологхэр къэкIуащ. Iуэхур ирагъэкIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ къэзакъхэр, члисэм жыдджэру екIуалIэхэр.

Ерыскъыпхъэхэр, къабзагъэм зэрыкIэлъыплъ Iэмэпсымэхэр, сабий шхыныгъуэхэр, щыгъын, вакъэ, сабийхэм къагъэсэбэп хьэпшыпхэр унагъуэ 50-м хуашащ, сабии 133-рэ щыпсэум. КъищынэмыщIауэ бынунагъуэшхуэ 28-рэ, унагъуи 8, сабий ныкъуэдыкъуэхэр щапIхэр, хэхъуэ пэплъэхэр.

«Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм и юристымрэ психологымрэ консультацэ ирагъэкIуэкIащ.

2151
Фотогалерея