Тхьэм и Анэ Къабзащэм и теплъэр Провалым деж щагъэуващ

04.05.2021
Просмотры: 3376

2021 гъэм накъыгъэм и 3-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт IутIыж зэгъусэ тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Лазаревскэ члисэм щыщIэдзауэ Провал гуэлым нэс. ТхьэлъэIум хэтащ IутIыж уэрэдхэр жаIэу къалэм и Iэтащхьэр, щоджэнхэр, къэзакъхэр, къалэм щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ.

Махуэм и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ хъуащ Тхьэм и Анэ Къабзащэм и «Щыгъуэ псоми гуфIэгъуэ» теплъэр гъэнэхуныр. Щихъ Игнатий (Брянчанинов) япэу 1858 гъэм Провал игъэнэхуащ. БлэкIа лIэщIыгъуэм и тIощI гъэхэм а хабзэр зэпагъэуащ икIи Псыхуабэ епархиер 2011 гъэм къыщагъэщIэрэщIэжам яублэжащ.

Пастыр нэхъыщхьэм Провалым деж щигъэнэхуащ «Щыгъуэ псоми гуфIэгъуэ» тхьэнапэр. Тхьэм и Анэм и мозаикэ теплъэр Москва и IэпщIэлъапщIэхэм ягъэхьэзыращ Псыхуабэ епархием и заказкIэ. Щихънагъ Феофилакт тхьэнапэр къалэм тыгъэ хуищIащ. Тхьэнапэр игъэнэхуа нэужь Провал деж щагъэуващ.

«Нобэ псоми пыщIэныгъэ дыхуиIэщ тхыдэм и пэжыр зэфIэгъэувэжыным, - къыхигъэщащ Щоджэн нэхъыщхьэм. – Провал щIэрыщIэу щагъэувыж «Щыгъуэ псоми гуфIэгъуэ» тхьэнапэр. Ар псоми гуфIэгъуэ тхурырехъу. Ди гумкIэ тфIэлъапIэ псоми а гуфIэгъуэмкIэ дадогуашэ. IутIыж махуэшхуэмкIэ сынывохъуэхъу! Ди къалэр къызэрагъэщIэрэщIэжа гуфIэгъуэмкIэ! – къыщыхьащ къалэм и сайтым.

Апхуэдэу архиепископ Феофилакт игъэнэхуащ щIыщIагъ гуэлыр, Псыхуабэ и зыгъэпсэхупIэ лъэхъэнэр къызэрызэIуахам и щыхьэту.

3376
Фотогалерея