Епархием и юбилейр Черкесск щагъэлъэпIащ

24.03.2021
Просмотры: 2212

РИА КъШР-м хъыбар зэрыдигъэщIамкIэ, 2021 гъэм гъатхэпэм и 24-м Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащхьэм махуэшхуэ щагъэлъэпIащ, Псыхуабэ, Черкесск епархием и Синод лъапIэм ар къызэрагъэщIэрэщIэжрэ илъэси 10 зэрырикъум триухуар.

          Зэхуэсым хэтащ щIыналъэм и Правительствэм и лIыкIуэхэр, IуэхущIаIпэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэр, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я Iэтащхьэхэр.

          Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэм и цIэкIэ къызэхуэсахэм хъуэхъукIэ захуигъэзащ КъШР-м и Парламентым и спикер Иванов Александр. «ПщIэ зыхуэтщI щихънагъ, епархием и лIыкIуэхэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид къыбгъэдэкIыу щоджэнхэмрэ чристэнхэмрэ сынывохъуэхъу Псыхуабэ, Чересск епархием и юбилеймкIэ. Илъэс зыбжанэм къриубыдэу ар хъуащ фIэщхъуныгъэр щагъэбыдэ центр», - жиIащ абы.

Иванов А. къыхигъэщащ епархием духовнэ къулыкъу ищIэкIэрэ социальнэ, узэщIыныгъэ къулыкъум хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуищIыр, лъэпкъ, зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэм, дин щхьэхуэхэм итхэм я зэхуаку мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ зэрыдилъхьэр.

Апхуэдэу абы къыхигъэщащ щоджэнхэм узэщIыныгъэ Iуэхум хуащI хэлъхьэныгъэхэм, чристэн лъабжьэ иIэу ират гъэсэныгъэм, Хэкум хуэпэжу, фIыуэ ялъагъуу къызэрагъэхъум щIэблэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр.

«БлэкIа илъэси 10-м къриубыдэу чристэн щоджэнхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ гуапагъэ куэд ялэжьащ. Иджырей гъащIэм лъапIэныгъэхэр хагъэзэгъэжыным и ужь итщ, екIуэлIапIэм кIуэхэм Iуэху гуапэхэр зэфIахащ. Иджырей гъащIэм лъагъуныгъэр, гуапагъэр, псапащIэр, лэжьыгъэр, Хэку лъагъуныгъэр зэрыхагъэхьэным пылъщ. Уи къулыкъум сыт щыгъуи мамырыгъэрэ лъагъуныгъэрэ щIыгъуну Тхьэм жиIэ. Уи лэжьыгъэхэм уапэлъэщыну, къарурэ ехъулIэныгъэрэ уиIэну», - жиIащ Иванов А.

Къэрэшей-Шэрджэсым и лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэр гъэбыдэным хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуищIам, Псыхуабэ, Черкесск епархиер къызэрыунэхурэ илъэси 10 зэрырикъум папщIэ КъШР-м и Iэтащхьэмрэ щIыналъэ парламентымрэ щоджэнхэм иратащ фIыщIэ тхылъхэр.

Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къыхигъэщащ уи гъащIэм и дэтхэнэ зы махуэми щоджэнхэм щыпсэу щIыналъэм фIыщIэ зэрыхуащIыр.

«Си гум фIыщIэ щызщ. Япэрауэ ар уафэм хуэсщI фIыщIэрщ. Ди Ди Къэрэшей-Шэрджэс Республикэр дыгъэпсу ауэ сытми жаIэркъым, сыту жыпIэмэ ар щIыпIэм щыпсэу цIыхухэм я псэм я щытыкIэщ. Уи хабзэр, щэнхабзэр, бзэр пхъумэныр, Тхьэм фIыщIэ хуэпщIыныр – Кавказ унагъуэхэм ящыщ Iхыьэщ. Нобэ фIыщIэ яхузощI илъэси I0-ми къриубыдэу ныбжьэгъу тхуэхъуахэм. Апхуэдэщ, республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашиди», - жиIащ архиепископ Феофилакт.

Щоджэн къулыкъу зыщIэ цIыхуипщIым Пастыр нэхъыщхьэр я пашэу щIыналъэм и Iэтащхьэм, Къэрэшей-Шэрджэсым и Парламентым, Правительствэм я дамыгъэхэр хуагъэфэщащ.

 

2212
Фотогалерея