Архиепископ Феофилакт орден иритащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым

14.03.2021
Просмотры: 1990

Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл и унафэкIэ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ дамыгъэ лъагэ хуагъэфэщащ – Урыс Чристэн Члисэм и щихъ пэлъытэ, Москва и пащтыхь гуащэ Евфросиние и орденыр.

А дамыгъэр хуагъэфащэ жылагъуэм и духовнэ хабзэхэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщI, дин-къэрал зэхущытыкIыхэм зезыгъэужь бзылъхугъэхэм.

Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт 2021 гъэм гъатхэпэм и 12-м Iуэху гуапэ ищIащ Егоровэ Татьянэ дамыгъэ лъапIэр иритыжащ, къэрал-дин зэхущытыкIэхэм хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэр къыхигъэщу.

Борис ипхъу Татьянэ и фIыгъэкIэ, КъБР-м и Парламентым хабзэщIэхэр иIэ хъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр – Кавказ Ищхъэрэм и япэ республикэщ Парламентым и хъуромэ зэIущIэхэр щрагъэкIуэкIыу къыщыхалъхьар, дин зэхуэмыдэхэм ит, лъэпкъ зэмылIэужьыгуъэхэм щыщхэр щызэхуэсу. КъБР-м и Хъуромэ зэIущIэхэр лъабжьэ яхуэхъуащ нэгъуэщI республикэхэми апхуэдэ эхыхьэхэр

къыщызэрагъэпэщынымкIэ, ауэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр тхыдэм япэу къыхонэж Кавказ Ищхъэрэм япэу ар зэрыщызэхаубламкIэ, - къыхигъэщащ Феофилакт.

Абы жиIащ КъБР-м и Парламентым щIэблэм я гъэсэныгъэм, цIыхухэр социальнэ и IуэхукIэ хъумэным, егъэджэныгъэм теухуа проектхэр зэрыдиIыгъыр.

Дамыгъэр щритым, Феофилакт къыхигъэщащ щихъ пэлъытэ Евфросиние и орденыр бзылъхугъэхэм папщIэ къызэрыхалъхьар, ар куэдым зэрыхуамыгъэфэщар. Апхуэдэхэщ Пахмутовэ Александрэ, Терешковэ Валентинэ, Вишневская Галинэ сымэ, нэгъуэщIхэри.

- Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм ящыщу Урыс чристэн члисэм и дамыгъэ лъапIэр япэу къызэрыпхуагъэфэщар гуапэщ, - жиIащ Феофилакт.

Егоровэ татьянэ фIыщIэ хуищIащ къыхуащIа гулъытэмрэ и гуащIэр къызэралъытамрэ папщIэ:

- Япэу Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ мыхьэнэшхуэ зиIэ дамыгъэ лъапIэр къызэрызатам папщIэ. Нобэ дин зэгухьэныгъэхэм Iуэхугъуэ куэд зэфIагъэкI цIыхубэм я духовнэ лъабжьэхэр ягъэбыдэн, къагъэщIэрэщIэжын папщIэ. Гъэсэныгъэ, узэщIыныгъэ, жылагъуэ лэжьыгъэ куэд зэфIах. Урыс чристэн члисэм, Патриарх Кирилл къэрал-дин зэхущытыкIэхэм, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэм я зэгурыIуэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэр къэлъытэгъуейщ. Патриархым зэфIигъэкI Iуэхугъуэхэр ди нэгу щIокI, иджырей Урысейр фIы и лъэныкъуэкIэ дунейпсо утыкум къыщалъэгъун папщIэ.

Егоровэ Татьянэ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт фIыщIэ лей хуищIащ:

- Псом япэу мы дамыгъэр республикэм, КъБР-м и Парламентым и унафэщIхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и чристэн члисэхэм лъапIэныгъэхэр жылагъуэм щыпхыгъэкIыным, щIэблэм я гъэсэныгъэм ехьэлIауэ зэрыдэлажьэр къызэрыфлъытэм щыхьэт тохъуэ. КъБР-м и Парламентым и депутатхэм я цIэкIэ фыкъызогъэгугъэ дяпэкIи апхуэдэу жыджэру дызэдэлэжьэну, светскэ, духовнэ властхэм ди къарухэр зэщIэдгъэуIуэу жылагъуэм я дин, лъэпкъ зэхущытыкIэхэр дгъэбыдэну, зэгурыIуэныгъэр едгъэфIэкIуэну, - къыхигъэщащ Егоровэ Татьянэ.

1990
Фотогалерея